зыпщӀэхэхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зыпщӀэхех)
Уи пщэм, плӀэм фӀэлъ гуэр фӀэхын, зыфӀэхын.
руснять что-л. с шеи, с плеч
Бащлыкъыр зыпщӀэхэхын. {Джэримэс} и шабзэжьыр зыпщӀэхехри {тхьэӀухудхэм} ятрубыдэ. Акъ. З.
Kitapta geçtiği hali
зыпщӀэхэхын (зыпщӀэхех) перех. гл. снять что-л. с шеи, с плеч / Уи пщэм, плӀэм фӀэлъ гуэр фӀэхын, зыфӀэхын. Бащлыкъыр зыпщӀэхэхын. {Джэримэс} и шабзэжьыр зыпщӀэхехри {тхьэӀухудхэм} ятрубыдэ. Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зыпщӀэхех)
Уи пщэм, уи плӀэм фӀэлъ гуэр фӀэхын.
И бащлъыкъыр Хьэкурынэ ЗыпщӀэхехри, ӀэкӀуэлъакӀуэу Имыпхэфу ар къэмынэ, Хущхъуэ лъыхъуэ щӀалэр макӀуэ, ИрехьэлӀэ ар къегъуэтри, Мысабыру игу къилъэтри. «— Тисей, 503
+2 örnek
Еджэну къэкӀуам зыкъаӀэту Астемыр къеуэну щыхуежьэм, Думэсарэ фоч пщӀэхэлъыр зыпщӀэхихат, арщхьэкӀэ, насып иӀэти, фочыр зэрагъауэр ищӀэртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 521
[Астемыр Нахъуэ жриӀэу:]
Kitapta geçtiği hali
ЗЫПЩӀЭХЭХЫН (зыпщӀэхех) лъэӀ. (3). Уи пщэм, уи плӀэм фӀэлъ гуэр фӀэхын. И бащлъыкъыр Хьэкурынэ ЗыпщӀэхехри, ӀэкӀуэлъакӀуэу Имыпхэфу ар къэмынэ, Хущхъуэ лъыхъуэ щӀалэр макӀуэ, ИрехьэлӀэ ар къегъуэтри, Мысабыру игу къилъэтри. «Тисей», 503. Еджэну къэкӀуам зыкъаӀэту Астемыр къеуэну щыхуежьэм, Думэсарэ фоч пщӀэхэлъыр зыпщӀэхихат, арщхьэкӀэ, насып иӀэти, фочыр зэрагъауэр ищӀэртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 521. [Астемыр Нахъуэ жриӀэу:]