зыкӀэрыщӀэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
пыхъыжъыхьан/пыхъыжьыхьэн, пыхъыжьэн, зыкӀэрышӀэн/зыкӀэрыщӀэн, пыхьан/пыхьэн, зыкӀэрыгъэпкӀэн/зыкӀэрыгъэпщӀэн, зыӀушӀыхьан/зыӀуыщӀыхьын; ASILMAK 3 (ilişmek; yapışmak; askıntı olmak; kuyruğuna takılmak)
зыкӀэрышӀэн/зыкӀэрыщӀэн → пыхъыжъыхьан; ASILMAK 3 (ilişmek; askıntı olmak)
зыкӀэрыщӀэн/зыкӀэрышӀэн → пыхъыжъыхьан; ASILMAK 3 (ilişmek; askıntı olmak)
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: пыхъыжъыхьан
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зыкӀэрещӀэ)
1. Еплъ: зыкӀэрылъхьэн
Орден зыкӀэрыщӀэн. КӀэрахъуэ зыкӀэрыщӀэн. Наурызи адэм и фочымрэ и сэшхуэмрэ зыкӀэрищӀэри.. зауэм кӀуэну ежьащ. КӀ. Т., Акъ. З. Дзыгъуэр гъуэмбым ихуэртэкъыми, фэлъыркъэб зыкӀэрищӀащ. (погов.)
2. Зыгуэр убыдын, Ӏыгъын, мыутӀыпщын.
руухватиться за кого-что-л.
ХьэмаскӀэм дзапэкӀэ зыкӀэрещӀэ Мыкъэ и цеикӀэм. Ш. А.
3. УкӀэрыщӀауэ, укъыкӀэрылэлу зыгуэр Ӏыгъын.
рувиснуть на чем-л., цепляться за что-л.
Жыг къудамэм зыкӀэрыщӀэн. Турникым зыкӀэрыщӀэн.
4. Ӏуэху гуэрым (пхузэфӀэмыкӀынум, пхузэфӀэмыкӀынкӀэ хъунум) иужь ихьэн.
рупереносное просторечие приниматься, браться за что-л. (чаще за что-л. непосильное)
ПхузэфӀэмыкӀын Ӏуэхум зыкӀэрыщӀэн хуейкъым.
5. Зыгуэрым куэдрэ елъэӀун, кӀэрыхъыжьэн.
рунастойчиво, назойливо просить кого-л.
ЩӀалэ цӀыкӀум и адэм зыкӀэрищӀащ щакӀуэ здишэну.
Kitapta geçtiği hali
зыкӀэрыщӀэн (зыкӀэрещӀэ) перех. гл. 1. см. зыкӀэрылъхьэн. Орден зыкӀэрыщӀэн. КӀэрахъуэ зыкӀэрыщӀэн. Наурызи адэм и фочымрэ и сэшхуэмрэ зыкӀэрищӀэри.. зауэм кӀуэну ежьащ. КӀ. Т., Акъ. З. Дзыгъуэр гъуэмбым ихуэртэкъыми, фэлъыркъэб зыкӀэрищӀащ. (погов.) 2. ухватиться за кого-что-л. / Зыгуэр убыдын, Ӏыгъын, мыутӀыпщын. ХьэмаскӀэм дзапэкӀэ зыкӀэрещӀэ Мыкъэ и цеикӀэм. Ш. А. 3. виснуть на чем-л., цепляться за что-л. / УкӀэрыщӀауэ, укъыкӀэрылэлу зыгуэр Ӏыгъын. Жыг къудамэм зыкӀэрыщӀэн. Турникым зыкӀэрыщӀэн. 4. переносное просторечие приниматься, браться за что-л. (чаще за что-л. непосильное) / Ӏуэху гуэрым (пхузэфӀэмыкӀынум, пхузэфӀэмыкӀынкӀэ хъунум) иужь ихьэн. ПхузэфӀэмыкӀын Ӏуэхум зыкӀэрыщӀэн хуейкъым. 5. переносное настойчиво, назойливо просить кого-л. / Зыгуэрым куэдрэ елъэӀун, кӀэрыхъыжьэн. ЩӀалэ цӀыкӀум и адэм зыкӀэрищӀащ щакӀуэ здишэну.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зыкӀэрещӀэ)
1. ЗыкӀэрылъхьэн.
Джэлил къалэдэсым къиулъэпхъэща сэр зыкӀэрищӀэри зигъэбэлыхьу джэдкъазым яхыхьэжащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490
+1 örnek
И ныбапцӀэр ныхуэмыхьу Ӏэщэ закъуэм ар фӀолӀыкӀыр, ЗигъэлъапӀэу выгум ису КъыщыдэкӀым, жьафэр сысу ЖеӀэр пӀащӀэу: «Ӏэщэ ищӀу Жэщи махуи ар схуэгъасэ», – Пщым фокӀэщӀыр зыкӀэрищӀэу Арщ жиӀари псалъэ кӀасэу.— Тисей, 508
2. УкъыкӀэрылэлу зыгуэр Ӏыгъын, зыщӀыпӀэ фӀэлъын.
Абы и кӀапитӀым лӀы тхурытхум зыкӀэращӀауэ – а къомыр Ӏэюб къиӀэтащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589
+2 örnek
Псым зызыгъэпскӀыу хэсхэр зэрызохьэ, зэрогъэкӀий, щхьэл шэрхъым зыкӀэращӀэ, зэран мэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630
ЩӀалэ цӀыкӀухэм яфӀэфӀт, щхьэл шэрхъым зыкӀэращӀэрэ щхьэлыр къа-гъэувыӀэу, итӀанэ псы архъуанэм къыхэлъэжурэ, зэрыгъэкӀийуэ джэгун.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630
3. Зыгуэр убыдауэ мыутӀыпщын.
[Дэфэрэдж:] Пыжьынэ занщӀэу зыкъызидзри си Ӏэблэр иубыдауэ зыкъыскӀэрещӀэ, сригухыу сигъэтӀысыну еӀэ хуэдэ, зыгуэрым къызэригъэгузавэр нэрылъагъущ, сэри абы сыӀэщӀэкӀыну соӀэ: – СкӀэрыкӀ.— Лъапсэ, 19
4. Ӏуэху мыхъумыщӀэ гуэрым иужь ихьэн.
Фэтыджэн уэздыгъэм Ӏугъуейр къыпех, шэрихьэтым зыкӀэрумыщӀэ къыпыпхын щыӀэжкъым абы, – жиӀэри [Астемыр Шурдым Дотий жриӀащ].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541
Kitapta geçtiği hali
ЗЫКӀЭРЫЩӀЭН (зыкӀэрещӀэ) лъэӀ. (13). 1. (8). ЗыкӀэрылъхьэн. Джэлил къалэдэсым къиулъэпхъэща сэр зыкӀэрищӀэри зигъэбэлыхьу джэдкъазым яхыхьэжащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490. И ныбапцӀэр ныхуэмыхьу Ӏэщэ закъуэм ар фӀолӀыкӀыр, ЗигъэлъапӀэу выгум ису КъыщыдэкӀым, жьафэр сысу ЖеӀэр пӀащӀэу: «Ӏэщэ ищӀу Жэщи махуи ар схуэгъасэ», – Пщым фокӀэщӀыр зыкӀэрищӀэу Арщ жиӀари псалъэ кӀасэу. «Тисей», 508. 2. (3). УкъыкӀэрылэлу зыгуэр Ӏыгъын, зыщӀыпӀэ фӀэлъын. Абы и кӀапитӀым лӀы тхурытхум зыкӀэращӀауэ – а къомыр Ӏэюб къиӀэтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589. Псым зызыгъэпскӀыу хэсхэр зэрызохьэ, зэрогъэкӀий, щхьэл шэрхъым зыкӀэращӀэ, зэран мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. ЩӀалэ цӀыкӀухэм яфӀэфӀт, щхьэл шэрхъым зыкӀэращӀэрэ щхьэлыр къа-гъэувыӀэу, итӀанэ псы архъуанэм къыхэлъэжурэ, зэрыгъэкӀийуэ джэгун. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. 3. (1). Зыгуэр убыдауэ мыутӀыпщын. [Дэфэрэдж:] Пыжьынэ занщӀэу зыкъызидзри си Ӏэблэр иубыдауэ зыкъыскӀэрещӀэ, сригухыу сигъэтӀысыну еӀэ хуэдэ, зыгуэрым къызэригъэгузавэр нэрылъагъущ, сэри абы сыӀэщӀэкӀыну соӀэ: – СкӀэрыкӀ. Лъапсэ, 19. 4. (1). зэхь. Ӏуэху мыхъумыщӀэ гуэрым иужь ихьэн. Фэтыджэн уэздыгъэм Ӏугъуейр къыпех, шэрихьэтым зыкӀэрумыщӀэ къыпыпхын щыӀэжкъым абы, – жиӀэри [Астемыр Шурдым Дотий жриӀащ]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541.