зыкъыфӀэщӀыжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зыкъыфӀощӀыж)
1. Еплъ: зыкъыщытхъужын
Къадыми, сабий зыкъыфӀэщӀыжауэ, зыри жимыӀэу къыдонэцӀейри хэлъщ. фольк.
2. Бэлыхьу зыкъыщыхъужын, зэрымылъ-пэлъагэу щытын.
рузазнаться, слишком возомнить о себе
Делэм ущытхъумэ, зэранщ: зыкъыфӀощӀыжыр лӀы Ӏущ. Къэб. п. и ант. Псоми ящӀэрт Пщыгъуэт зыкъыфӀэщӀыжарэ къаугъэшыуэ зэрыщытыр. КӀ. Т.
Kitapta geçtiği hali
зыкъыфӀэщӀыжын (зыкъыфӀощӀыж) перех. гл. 1. см. зыкъыщытхъужын. Къадыми, сабий зыкъыфӀэщӀыжауэ, зыри жимыӀэу къыдонэцӀейри хэлъщ. фольк. 2. зазнаться, слишком возомнить о себе / Бэлыхьу зыкъыщыхъужын, зэрымылъ-пэлъагэу щытын. Делэм ущытхъумэ, зэранщ: зыкъыфӀощӀыжыр лӀы Ӏущ. Къэб. п. и ант. Псоми ящӀэрт Пщыгъуэт зыкъыфӀэщӀыжарэ къаугъэшыуэ зэрыщытыр. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зыкъыфӀощӀыж)
Зы бэлыхь гуэру зыкъэлъытэжын, зыбжыжын, зыкъыщыхъужын.
Къыдырым зыкъыфӀэщӀыжат: – ди псэукӀэр псэукӀэ хъуну?— Кхъухь пхэнж, 502
+2 örnek
– Адакъэ хужьым тӀэкӀу зыкъыфӀэщӀыжам шэч хэлътэкъым.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 486
Нурхьэлий тӀэкӀу зыкъыфӀэщӀыжауэ сейфым и бжэр къыӀуихырт, хуищӀыжырт, музыкэ иригъауэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 216
Kitapta geçtiği hali
ЗЫКЪЫФӀЭЩӀЫЖЫН (зыкъыфӀощӀыж) лъэмыӀ. (14). Зы бэлыхь гуэру зыкъэлъытэжын, зыбжыжын, зыкъыщыхъужын. Къыдырым зыкъыфӀэщӀыжат: – ди псэукӀэр псэукӀэ хъуну? Кхъухь пхэнж, 502. – Адакъэ хужьым тӀэкӀу зыкъыфӀэщӀыжам шэч хэлътэкъым. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 486. Нурхьэлий тӀэкӀу зыкъыфӀэщӀыжауэ сейфым и бжэр къыӀуихырт, хуищӀыжырт, музыкэ иригъауэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 216.