зыкъыпегъэхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зыкъыпрегъэх)
Пылъын, дэгушыӀэн.
рупросторечие бегать, увиваться, ухаживать за кем-л.
ДэмпӀэжьхэ япхъуу пощтым щӀэсым абы зыкъыпригъэхыу жаӀэ. Къу. С.
Kitapta geçtiği hali
зыкъыпегъэхын I (зыкъыпрегъэх) перех. гл. просторечие см. зыкъыкӀэрыгъэхун 2. Гъусэм зыкъыпегъэхын. II (зыкъыпрегъэх) перех. гл. просторечие бегать, увиваться, ухаживать за кем-л. / Пылъын, дэгушыӀэн. ДэмпӀэжьхэ япхъуу пощтым щӀэсым абы зыкъыпригъэхыу жаӀэ. Къу. С.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зыкъыпрегъэх)
Пылъын, дэгушыӀэн.
ИригъэкӀыжмэ къыхуамыдэну къыщищӀэм, езым [ЛатӀифэ и лӀым] рестораным тет цӀыхубз дахэ гуэрым зыкъыпригъэхыу къиублащ, и фызыр абыкӀэ нэхъ ӀумпӀафӀэ ищӀын и хьисэпу.— Лъапсэ, 25
+1 örnek
Хъыджэбзхэм ядэгушыӀэу, сыт яжриӀами къыщогуфӀыкӀ, ар зэпсэлъа хъыджэбзым и анэри мэгуфӀэ, гъунэгъухэм яжреӀэж, мэуэ Жыраслъэн си пхъум зыкъыпригъэхыу къыпылъащ, жеӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 85
Kitapta geçtiği hali
ЗЫКЪЫПЕГЪЭХЫН (зыкъыпрегъэх) лъэӀ. (2). Пылъын, дэгушыӀэн. ИригъэкӀыжмэ къыхуамыдэну къыщищӀэм, езым [ЛатӀифэ и лӀым] рестораным тет цӀыхубз дахэ гуэрым зыкъыпригъэхыу къиублащ, и фызыр абыкӀэ нэхъ ӀумпӀафӀэ ищӀын и хьисэпу. Лъапсэ, 25. Хъыджэбзхэм ядэгушыӀэу, сыт яжриӀами къыщогуфӀыкӀ, ар зэпсэлъа хъыджэбзым и анэри мэгуфӀэ, гъунэгъухэм яжреӀэж, мэуэ Жыраслъэн си пхъум зыкъыпригъэхыу къыпылъащ, жеӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 85.