зыдэгъэзэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зыдегъазэ)
Зыгуэрым и гъусэу зыгъэзэн.
руповорачиваться, вертеться с кем-чем-л.
Сэхураныщхьэм дыгъэм зыдегъазэ. Еууей, си пшынэ цӀыкӀумкӀэ ЩӀалэгъуалэр фыкъызогъафэ, Токъаным сыкъыщыдэфэкӀэ, дуней, ЩӀы фӀыцӀэм зыкъыздегъазэ. фольк.
Kitapta geçtiği hali
зыдэгъэзэн (зыдегъазэ) перех. гл. поворачиваться, вертеться с кем-чем-л. / Зыгуэрым и гъусэу зыгъэзэн. Сэхураныщхьэм дыгъэм зыдегъазэ. Еууей, си пшынэ цӀыкӀумкӀэ ЩӀалэгъуалэр фыкъызогъафэ, Токъаным сыкъыщыдэфэкӀэ, дуней, ЩӀы фӀыцӀэм зыкъыздегъазэ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зыдегъазэ)
1. ЗыдэщӀын, зыгуэрым и жыӀэм щӀэтын, едэӀуэн.
Ди Ӏурзилэу пщащэ къабзэм А емынэм зыдегъазэ.— Тисей, 499
+1 örnek
КъыпщӀэуамэ – зыдэгъазэ, Псы къиуауэ урехьэх.— Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322
2. Зыгуэрым и гъусэу зеӀуэнтӀэкӀын, уи гупэр гъэзэн.
ЩӀым дыгъэшхуэм зыдегъазэ, Жэщи махуи мэджэрэз.— Вагъуэиж. «Батырыбжьэ», 70
Kitapta geçtiği hali
ЗЫДЭГЪЭЗЭН (зыдегъазэ) лъэӀ. (4). зэхь. 1. (2). ЗыдэщӀын, зыгуэрым и жыӀэм щӀэтын, едэӀуэн. Ди Ӏурзилэу пщащэ къабзэм А емынэм зыдегъазэ.«Тисей», 499. КъыпщӀэуамэ – зыдэгъазэ, Псы къиуауэ урехьэх. Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322. 2. (2). Зыгуэрым и гъусэу зеӀуэнтӀэкӀын, уи гупэр гъэзэн. ЩӀым дыгъэшхуэм зыдегъазэ, Жэщи махуи мэджэрэз. Вагъуэиж. «Батырыбжьэ», 70.