зыдзын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зедз)

1. Зыбдзу зыщӀыпӀэкӀэ лъэн.

руброситься, ринуться, устремиться куда-л.

СэмэгумкӀэ зыдзын. ЯпэкӀэ зыдзын. Хъуэжэ и щхьэр щилъагъум, бгъукӀэ зедзри къуэм зыдедзэ, гури щхьэпредз. фольк. Шорэ бжыхьым йолъэри, гъуэгу пхэнжкӀэ ПщылӀхьэблэкӀэ зедз. Ш. А.

2. Щыпсэуну, щылэжьэну зыщӀыпӀэ кӀуэн.

рупросторечие податься, отправиться куда-л.

Къалэм зыдзын. Мэкъуауэм зыдзын.

3. КӀыуэ ин хъун, хэхъуэн (къэкӀыгъэ, тхьэмпэ сыт хуэдэхэм хужаӀэ).

рупойти в рост, вырасти (о растениях)

ЩӀымахуэм жыгыр пцӀанэщ, гъэмахуэм къудамэхэм задз, гулъ цӀыкӀухэр къащӀ. Анэд.

4. Гъуурэ зэблэша, къуаншэ хъун (пхъэбгъу сыт хуэдэхэр). Пхъэбгъум зидзын.

руссохнуться, покоробиться (напр. о досках)

Kitapta geçtiği hali

зыдзын (зедз) перех. гл. 1. броситься, ринуться, устремиться куда-л. / Зыбдзу зыщӀыпӀэкӀэ лъэн. СэмэгумкӀэ зыдзын. ЯпэкӀэ зыдзын. Хъуэжэ и щхьэр щилъагъум, бгъукӀэ зедзри къуэм зыдедзэ, гури щхьэпредз. фольк. Шорэ бжыхьым йолъэри, гъуэгу пхэнжкӀэ ПщылӀхьэблэкӀэ зедз. Ш. А. 2. просторечие податься, отправиться куда-л. / Щыпсэуну, щылэжьэну зыщӀыпӀэ кӀуэн. Къалэм зыдзын. Мэкъуауэм зыдзын. 3. переносное пойти в рост, вырасти (о растениях) / КӀыуэ ин хъун, хэхъуэн (къэкӀыгъэ, тхьэмпэ сыт хуэдэхэм хужаӀэ). ЩӀымахуэм жыгыр пцӀанэщ, гъэмахуэм къудамэхэм задз, гулъ цӀыкӀухэр къащӀ. Анэд. 4. переносное ссохнуться, покоробиться (напр. о досках) / Гъуурэ зэблэша, къуаншэ хъун (пхъэбгъу сыт хуэдэхэр). Пхъэбгъум зидзын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зедз)

1. Зэуэ зыщӀыпӀэкӀэ лъэн.

И макъым къызэрихькӀэ Лу кӀиящ, Саримэ дежкӀэ зидзри быдэу зыкӀэриукӀащ гужьеяуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144

+2 örnek

Къуажэ гъунэ дыдэм деж зы пщӀантӀэ гуэрым дэлъэдати, хьэжь цӀыкӀу къыкъуэжри къуажэхьэр зэщӀигъэбырсейуэ банэу щыхуежьэм, Сеймэныр ӀуэмкӀэ мажэри бэкхъ плӀанэпэм дэлъ шкӀэм дежкӀэ зедз, шкӀэм игъэщэба мэкъур зытрелъхьэ, арщхьэкӀэ техьэгъуэ зытехьам хуэдэу мэкӀэзыз.— Лъапсэ, 51

Тембот къыщыщӀар ямыщӀэу Думэсарэрэ Елдаррэ щӀалэ цӀыкӀум щежалӀэм, Дисэ унэмкӀэ зидзащ, арщхьэкӀэ блыным еупсея пхъэбгъу тетӀысхьэпӀэжьыр Лу къигъэджалэри, Дисэ и пащхьэ дыдэм къихуэу къыщыхыфӀидзэм, фызыжьыр лъэпэрапэри къытехуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 138

2. Псыежэх с.ху. зыдэт къуэр нашэкъашэ хъун.

Уплъэмэ – аузым дэкӀ гъуэгур уолъагъу, псыми адэкӀэ-мыдэкӀэ зедзри еуэкӀыпӀэ къэс лъэмыж зырыз телъщ.— Нал къута, 299

Kitapta geçtiği hali

ЗЫДЗЫН (зедз) лъэӀ. (8). 1. (7). Зэуэ зыщӀыпӀэкӀэ лъэн. И макъым къызэрихькӀэ Лу кӀиящ, Саримэ дежкӀэ зидзри быдэу зыкӀэриукӀащ гужьеяуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 144. Къуажэ гъунэ дыдэм деж зы пщӀантӀэ гуэрым дэлъэдати, хьэжь цӀыкӀу къыкъуэжри къуажэхьэр зэщӀигъэбырсейуэ банэу щыхуежьэм, Сеймэныр ӀуэмкӀэ мажэри бэкхъ плӀанэпэм дэлъ шкӀэм дежкӀэ зедз, шкӀэм игъэщэба мэкъур зытрелъхьэ, арщхьэкӀэ техьэгъуэ зытехьам хуэдэу мэкӀэзыз. Лъапсэ, 51. Тембот къыщыщӀар ямыщӀэу Думэсарэрэ Елдаррэ щӀалэ цӀыкӀум щежалӀэм, Дисэ унэмкӀэ зидзащ, арщхьэкӀэ блыным еупсея пхъэбгъу тетӀысхьэпӀэжьыр Лу къигъэджалэри, Дисэ и пащхьэ дыдэм къихуэу къыщыхыфӀидзэм, фызыжьыр лъэпэрапэри къытехуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 138. 2. (1). Псыежэх с.ху. зыдэт къуэр нашэкъашэ хъун. Уплъэмэ – аузым дэкӀ гъуэгур уолъагъу, псыми адэкӀэ-мыдэкӀэ зедзри еуэкӀыпӀэ къэс лъэмыж зырыз телъщ. Нал къута, 299.

Düzeltme Öner

зыдзын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.