зыгъэӀэдэбын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зегъэӀэдэб)
ЗыгъэнэмысыфӀэн, зыгъэщэныфӀэн.
– УкӀуэркъэ, зыӀурамылъхьэж, – жиӀэри писыр щхьэфэкъур къэгузэвауэ Астемыр къепсэлъащ, модрейри пӀащӀэ-тхъытхъыу унэм щӀэмылъадэу, зигъэӀэдэбу, и щхьэм пщӀэ зэрыхуищӀыжыр нэрылъагъуу, кабинетым щӀыхьэри Залымджэрий бгъурыуващ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 118
+2 örnek
Раисэ Муратовнэ иӀыгъыр Нартыхум и пащхьэм деж къытригъэувэри зигъэӀэдэбу икӀуэтыжащ, адрей Ӏэнэзехьэхэми я подносхэр зыхуэфащэхэм хуагъэуващ.— Лъапсэ, 92
И псэлъэкӀэмкӀэ гурыӀуэгъуэт зэрыщӀегъуэжар, пэжыр жыпӀэмэ, сэри сщӀэрт сымаджэ хьэлъэм наркоз ептыныр зэрышынагъуэр, арщхьэкӀэ Ӏэмалыншэти, Варварэ Романовнэ фӀэфӀ-фӀэмыфӀми операционнэ стӀолым къызбгъэдэту сэ сщӀэр къыздищӀэну къэмыувмэ, сэри схузэфӀэкӀын щыӀэтэкъым, арати, сэри, семыубзэми, нэхъ зызгъэӀэдэбу, сыкъызэхищӀэм си гуапэу селъэӀуащ: – Нэхъапэращи, тӀасэ, Ӏуэхур зыӀутым и курыкупсэм хэплъи, зы шанс закъуэ фӀэкӀ
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГЪЭӀЭДЭБЫН (зегъэӀэдэб) лъэӀ. (3). ЗыгъэнэмысыфӀэн, зыгъэщэныфӀэн. – УкӀуэркъэ, зыӀурамылъхьэж, – жиӀэри писыр щхьэфэкъур къэгузэвауэ Астемыр къепсэлъащ, модрейри пӀащӀэ-тхъытхъыу унэм щӀэмылъадэу, зигъэӀэдэбу, и щхьэм пщӀэ зэрыхуищӀыжыр нэрылъагъуу, кабинетым щӀыхьэри Залымджэрий бгъурыуващ. Хъуэпсэгъуэ нур, 118. Раисэ Муратовнэ иӀыгъыр Нартыхум и пащхьэм деж къытригъэувэри зигъэӀэдэбу икӀуэтыжащ, адрей Ӏэнэзехьэхэми я подносхэр зыхуэфащэхэм хуагъэуващ. Лъапсэ, 92. И псэлъэкӀэмкӀэ гурыӀуэгъуэт зэрыщӀегъуэжар, пэжыр жыпӀэмэ, сэри сщӀэрт сымаджэ хьэлъэм наркоз ептыныр зэрышынагъуэр, арщхьэкӀэ Ӏэмалыншэти, Варварэ Романовнэ фӀэфӀ-фӀэмыфӀми операционнэ стӀолым къызбгъэдэту сэ сщӀэр къыздищӀэну къэмыувмэ, сэри схузэфӀэкӀын щыӀэтэкъым, арати, сэри, семыубзэми, нэхъ зызгъэӀэдэбу, сыкъызэхищӀэм си гуапэу селъэӀуащ: – Нэхъапэращи, тӀасэ, Ӏуэхур зыӀутым и курыкупсэм хэплъи, зы шанс закъуэ фӀэкӀ