зыгъэшын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зегъэш)
1. Зыукъуэншын.
русогнуться
Жыгым зигъэшащ. ЛӀым зигъэшри бжэ лъахъшэмкӀэ унэм щӀыхьащ. ЯӀуатэрт Дэбэч нащхьэ яхуищӀмэ, гъущӀхэм загъэшу. Ш. А.
2. ЗызэфӀэгъэпщхьэн.
русъежиться
ЩӀыӀэм игъэдия джэдум зигъэшу щыст. Сабий цӀыкӀухэм хьэщӀэщ джабэм лъэӀу щӀэнэцӀу зыщагъэш. Къэб. п. и ант.
3. Нэщхъеин.
рузагрустить, пригорюниться
Сэри зызгъэшу сабийм аргуэру сакъыбгъэдэнэрт. М. З.
Kitapta geçtiği hali
зыгъэшын (зегъэш) перех. гл. 1. согнуться / Зыукъуэншын. Жыгым зигъэшащ. ЛӀым зигъэшри бжэ лъахъшэмкӀэ унэм щӀыхьащ. ЯӀуатэрт Дэбэч нащхьэ яхуищӀмэ, гъущӀхэм загъэшу. Ш. А. 2. съежиться / ЗызэфӀэгъэпщхьэн. ЩӀыӀэм игъэдия джэдум зигъэшу щыст. Сабий цӀыкӀухэм хьэщӀэщ джабэм лъэӀу щӀэнэцӀу зыщагъэш. Къэб. п. и ант. 3. переносное загрустить, пригорюниться / Нэщхъеин. Сэри зызгъэшу сабийм аргуэру сакъыбгъэдэнэрт. М. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зегъэш)
1. Зыукъуэншын, зегъэзыхын.
Сэ зызгъэшауэ си сэшхуэ кӀапэр щӀым тоуэ, си фӀэщи хъуркъым сыхьэт ныкъуэкӀи схуэхьыну.— МелыӀыч, 439
2. ЗызыфӀэгъэпщхьэн.
Дунейр уаети, цӀыху зэхэтым загъэшырт, я пэр пыущхъуэнтӀыкӀауэ, итӀани, старшынэм фызэбгрымыкӀ, жиӀати, зэхэтт, Щэрдан Берд пэплъэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 290
+2 örnek
[Алим:] Сэ къысщӀэкӀия шур джэдыгупӀаргъыу, зызыгъэшу уэсым хэтым жьэхолъадэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520
ЩӀалэ цӀыкӀу гуэр зигъэшу лъэныкъуэкӀэ уву ялъагъумэ, ауан ящӀырт: – Ар зэрышына!— Хъуэпсэгъуэ нур, 152
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГЪЭШЫН (зегъэш) лъэӀ. (5). 1. (1). Зыукъуэншын, зегъэзыхын. Сэ зызгъэшауэ си сэшхуэ кӀапэр щӀым тоуэ, си фӀэщи хъуркъым сыхьэт ныкъуэкӀи схуэхьыну. МелыӀыч, 439. 2. (4). ЗызыфӀэгъэпщхьэн. Дунейр уаети, цӀыху зэхэтым загъэшырт, я пэр пыущхъуэнтӀыкӀауэ, итӀани, старшынэм фызэбгрымыкӀ, жиӀати, зэхэтт, Щэрдан Берд пэплъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 290. [Алим:] Сэ къысщӀэкӀия шур джэдыгупӀаргъыу, зызыгъэшу уэсым хэтым жьэхолъадэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520. ЩӀалэ цӀыкӀу гуэр зигъэшу лъэныкъуэкӀэ уву ялъагъумэ, ауан ящӀырт: – Ар зэрышына! Хъуэпсэгъуэ нур, 152.