зыгъэхьэзырын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зегъэхьэзыр)

1. Зыгуэрым хуэхьэзыру щытын, хуэхьэзыр зыщӀын, хъун.

руподготовиться, собраться (для поездки куда-л.)

Къетыкъуэ зигъэхьэзырщ, иш къызэщӀикъузэри, гъуэгуанэ техьащ. Къэр. Хь.

2. Зыгуэр пщӀэну, блэжьыну иужь ихьэн, мурад щӀын.

русобраться сделать что-л.

Шэнтыр щиубыдым, Шагъырокъуэм ириутӀыпщыну зегъэхьэзыр жыпӀэнт абы {Ахьмэтхъан}. Щ. Ам.

Kitapta geçtiği hali

зыгъэхьэзырын (зегъэхьэзыр) перех. гл. 1. подготовиться, собраться (для поездки куда-л.) / Зыгуэрым хуэхьэзыру щытын, хуэхьэзыр зыщӀын, хъун. Къетыкъуэ зигъэхьэзырщ, иш къызэщӀикъузэри, гъуэгуанэ техьащ. Къэр. Хь. 2. собраться сделать что-л. / Зыгуэр пщӀэну, блэжьыну иужь ихьэн, мурад щӀын. Шэнтыр щиубыдым, Шагъырокъуэм ириутӀыпщыну зегъэхьэзыр жыпӀэнт абы {Ахьмэтхъан}. Щ. Ам.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зегъэхьэзыр)

Зыгуэрым зыхуэгъэпсын, хуэхьэзыру щытын.

Къэрэмырзи ещӀэж ещанэу къатехыжыгъуей зэрыхъунур [къалэр], бийм кӀуэ пэтми нэхъ зегъэбыдэ, къару нэхъыбэ зэщӀегъэуӀуэ, ӀэщэкӀи нэхъ хуэщӀащ, итӀани ӀэпщацагъэкӀэ ятекӀуэн и гугъэу дзэпщым къегъэзэжри зегъэхьэзыр.— Лыгъэ, 411

+1 örnek

Иджы мес: – Ислъэмей дэсыр къэукхъуауэ къызэрохьэх, – жаӀэу хъыбар къыщысым, окрисполкомым щӀэс илъэпкъыр къызэрыӀэтащ, Ӏэщэ зиӀэми зигъэхьэзыращ зэуэну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа. 524. Псыжьрэ Индылрэ я зэхуакур арат зекӀуэ кӀуапӀэр, бжьыхьэр къэсрэ гъавэр гуэным иракӀутэжамэ, нэхъыбэм ДонкӀэ ягъазэрэ губгъуэр къаущыхьу итт, къанэу губгъуэм щикӀуадэ Ӏэджэри къэхъурт, я кӀуэдыпӀэр псэ зыӀутым ямыщӀэу, арщхьэкӀэ къуажэпщыр лӀы зи къару илъыгъуэти, и унэм щӀэзагъэртэкъым, бжьыхьэхуегъэзэкӀ зэрыхъуу зигъэхьэзыру щӀидзэрт, и нэгум зыгуэр зэрыщӀэлъыр ӀупщӀу.— Лъапсэ, 30

Kitapta geçtiği hali

ЗЫГЪЭХЬЭЗЫРЫН (зегъэхьэзыр) лъэӀ. (21). Зыгуэрым зыхуэгъэпсын, хуэхьэзыру щытын. Къэрэмырзи ещӀэж ещанэу къатехыжыгъуей зэрыхъунур [къалэр], бийм кӀуэ пэтми нэхъ зегъэбыдэ, къару нэхъыбэ зэщӀегъэуӀуэ, ӀэщэкӀи нэхъ хуэщӀащ, итӀани ӀэпщацагъэкӀэ ятекӀуэн и гугъэу дзэпщым къегъэзэжри зегъэхьэзыр. Лыгъэ, 411. Иджы мес: – Ислъэмей дэсыр къэукхъуауэ къызэрохьэх, – жаӀэу хъыбар къыщысым, окрисполкомым щӀэс илъэпкъыр къызэрыӀэтащ, Ӏэщэ зиӀэми зигъэхьэзыращ зэуэну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа. 524. Псыжьрэ Индылрэ я зэхуакур арат зекӀуэ кӀуапӀэр, бжьыхьэр къэсрэ гъавэр гуэным иракӀутэжамэ, нэхъыбэм ДонкӀэ ягъазэрэ губгъуэр къаущыхьу итт, къанэу губгъуэм щикӀуадэ Ӏэджэри къэхъурт, я кӀуэдыпӀэр псэ зыӀутым ямыщӀэу, арщхьэкӀэ къуажэпщыр лӀы зи къару илъыгъуэти, и унэм щӀэзагъэртэкъым, бжьыхьэхуегъэзэкӀ зэрыхъуу зигъэхьэзыру щӀидзэрт, и нэгум зыгуэр зэрыщӀэлъыр ӀупщӀу. Лъапсэ, 30.

Düzeltme Öner

зыгъэхьэзырын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.