зыгъэсэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зегъасэ)
1. Ӏуэхугъуэ е ӀэщӀагъэ гуэр зэгъэщӀэн.
рунаучиться чему-л., овладеть каким-л. делом
Шым тесыфу зегъэсэн. ГъукӀэфу зыгъэсэн.
2. Дунейм тетыкӀэ, цӀыху хэтыкӀэ зэгъэщӀэн.
рунаучиться хорошим манерам
ЦӀыху хэтыкӀэкӀэ зыгъэсэн. Хьэл-щэныфӀ пхэлъу зыгъэсэн. Унэм зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ. (погов.)
Kitapta geçtiği hali
зыгъэсэн (зегъасэ) перех. гл. 1. научиться чему-л., овладеть каким-л. делом / Ӏуэхугъуэ е ӀэщӀагъэ гуэр зэгъэщӀэн. Шым тесыфу зегъэсэн. ГъукӀэфу зыгъэсэн. 2. научиться хорошим манерам / Дунейм тетыкӀэ, цӀыху хэтыкӀэ зэгъэщӀэн. ЦӀыху хэтыкӀэкӀэ зыгъэсэн. Хьэл-щэныфӀ пхэлъу зыгъэсэн. Унэм зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зегъасэ)
Ӏуэхугъуэ е ӀэщӀагъэ гуэр зэгъэщӀэн.
Тембот гъукӀэу зыщигъасэм, Бот къыщытхъуу Ӏуэхум хэгъуэзат, иджы ари къехъулӀакъым, Бот тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 296
+1 örnek
ЕтӀуанэрей еджэгъуэм зигу изубыдэр ари гурыхуэщ, ещанэрейм иужь зигу изубыдари хъунущ, ауэ нэхъ гурыхуэжу зигъасэмэ, нэхъыфӀщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 610
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГЪЭСЭН (зегъасэ) лъэӀ. (2). Ӏуэхугъуэ е ӀэщӀагъэ гуэр зэгъэщӀэн. Тембот гъукӀэу зыщигъасэм, Бот къыщытхъуу Ӏуэхум хэгъуэзат, иджы ари къехъулӀакъым, Бот тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 296. ЕтӀуанэрей еджэгъуэм зигу изубыдэр ари гурыхуэщ, ещанэрейм иужь зигу изубыдари хъунущ, ауэ нэхъ гурыхуэжу зигъасэмэ, нэхъыфӀщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 610.