зыгъэпщкӀун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зегъэпщкӀу)
Укъамылъагъуу къуэгъэнапӀэ зыщӀын.
руспрятаться
{Къаннэху:} - Псори щагъэтӀысакӀэ уэри укъалъыхъуэнкӀэ хъунущ. Мэрян, зыгъэпщкӀу, тӀысэ, ипщхьэж ди гъуэмбым. Т. Хь. Пхъур дыщ кӀуэжмэ, мывэ хъурейм зегъэпщкӀу. (погов.)
Kitapta geçtiği hali
зыгъэпщкӀун (зегъэпщкӀу) перех. гл. спрятаться / Укъамылъагъуу къуэгъэнапӀэ зыщӀын. {Къаннэху:} - Псори щагъэтӀысакӀэ уэри укъалъыхъуэнкӀэ хъунущ. Мэрян, зыгъэпщкӀу, тӀысэ, ипщхьэж ди гъуэмбым. Т. Хь. Пхъур дыщ кӀуэжмэ, мывэ хъурейм зегъэпщкӀу. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зегъэпщкӀу)
Укъамылъагъуу къуэгъэнапӀэ зыщӀын.
А тӀур щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668
+2 örnek
Арыншами езы бысымыр мэгъумэтӀымэ: «Мыр дэнэ кӀуа жэщыбгым, витӀым ещхьу бзэхаи». «Мыр» жыхуиӀэр, дауи, и фызыр аращ, тхьэм ещӀэ, гуэщым ныщыщӀыхьам ар зыхуэзэн и гугъар нэгъуэщӀу къыщӀэкӀынт, иджы жэщ кӀыфӀым абы зыщигъэпщкӀу къуэгъэнапӀэр хьэпщӀэу уимыӀэу бгъуэтыххэнкъым.— ВитӀ, 416
Хъыджэбзыр яхьыну къыщыкӀуа жэщыр и гум къэкӀыжри, Саримэ къэуӀэбжьащ, шхыӀэным зыщӀиуфэри зигъэпщкӀуа щхьэкӀэ, куэдрэ хуэмышэчу къыщӀэплъри аргуэру лӀы гуэрым и сурэт ӀупщӀу илъэгъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 192
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГЪЭПЩКӀУН (зегъэпщкӀу) лъэӀ. (32). Укъамылъагъуу къуэгъэнапӀэ зыщӀын. А тӀур щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. Арыншами езы бысымыр мэгъумэтӀымэ: «Мыр дэнэ кӀуа жэщыбгым, витӀым ещхьу бзэхаи». «Мыр» жыхуиӀэр, дауи, и фызыр аращ, тхьэм ещӀэ, гуэщым ныщыщӀыхьам ар зыхуэзэн и гугъар нэгъуэщӀу къыщӀэкӀынт, иджы жэщ кӀыфӀым абы зыщигъэпщкӀу къуэгъэнапӀэр хьэпщӀэу уимыӀэу бгъуэтыххэнкъым. ВитӀ, 416. Хъыджэбзыр яхьыну къыщыкӀуа жэщыр и гум къэкӀыжри, Саримэ къэуӀэбжьащ, шхыӀэным зыщӀиуфэри зигъэпщкӀуа щхьэкӀэ, куэдрэ хуэмышэчу къыщӀэплъри аргуэру лӀы гуэрым и сурэт ӀупщӀу илъэгъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 192.