зыгъэлӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Щхъухь.

руяд

ИтӀани, зэрыжаӀэщи, лӀэм зыгъэлӀэн ешх, жи. Ӏуащхь.

(зегъалӀэ)

1. уи гъащӀэр тын, псэр хэгъэкӀын, дунейм ехыжын.

руумереть, отдать свою жизнь за кого-что-л.

{Хэкум и лӀы пэжхэм} я псэр хуитыныгъэм щхьэкӀэ ятми лӀыгъэ ин яхэлъу загъалӀэрт. Сов. Къэб. ифольк.

2. Зыгуэрым щхьэкӀэ бэлыхь гуэр шэчын.

рутерпеть лишения ради кого-чего-л.

Ныбжьэгъум щхьэкӀэ зыгъэлӀэн. Ӏыхьлы щхьэкӀэ зыгъэлӀэн. Зы мэхуаем зумыгъалӀи, зы махуэлӀым удэмыкӀуэ. (погов.)

Kitapta geçtiği hali

зыгъэлӀэн I яд / Щхъухь. ИтӀани, зэрыжаӀэщи, лӀэм зыгъэлӀэн ешх, жи. Ӏуащхь. II (зегъалӀэ) перех. гл. 1. умереть, отдать свою жизнь за кого-что-л. / уи гъащӀэр тын, псэр хэгъэкӀын, дунейм ехыжын. {Хэкум и лӀы пэжхэм} я псэр хуитыныгъэм щхьэкӀэ ятми лӀыгъэ ин яхэлъу загъалӀэрт. Сов. Къэб. ифольк. 2. переносное терпеть лишения ради кого-чего-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ бэлыхь гуэр шэчын. Ныбжьэгъум щхьэкӀэ зыгъэлӀэн. Ӏыхьлы щхьэкӀэ зыгъэлӀэн. Зы мэхуаем зумыгъалӀи, зы махуэлӀым удэмыкӀуэ. (погов.)

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зегъалӀэ)

Уи гъащӀэр тын, ажал зэгъэгъуэтын, дунейм ехыжын.

И пхъур гъуэлъыпӀэм ирилъхьэри телефоным ежэлӀащ, милицэ къриджэну, абы гу щылъитэм, Сэлимэ къэгужьеяуэ къыщылъэтащ, псэ зыӀутым укъеджэнкъым, милицэ дэнэ къэна жиӀэу, езыми зигъалӀэмэ, нэхъ къещтэ къыщыщӀар хэӀущӀыӀу хъу нэхърэ.— Лъапсэ, 27

+2 örnek

Къалэдэсыр зэрогъэкӀий: мо пщыӀэ къомыр Ӏуфху жаӀэри, губгъуэрысхэми я лъабжьэр фӀагъэнащ: дэри дыцӀыхущ, губгъуэм дихьэу щхьэ зыдгъалӀэрэ, жаӀэри.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 404

Япэм адыгэ цӀыхубзхэм загъэлӀэнут къащыщӀар уамыгъащӀэу, иджы къэгузэвакъэ – дохутыр жаӀэнщи, я шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ къэсынщ.— Лъапсэ, 10

Kitapta geçtiği hali

ЗЫГЪЭЛӀЭН (зегъалӀэ) лъэӀ. (8). Уи гъащӀэр тын, ажал зэгъэгъуэтын, дунейм ехыжын. И пхъур гъуэлъыпӀэм ирилъхьэри телефоным ежэлӀащ, милицэ къриджэну, абы гу щылъитэм, Сэлимэ къэгужьеяуэ къыщылъэтащ, псэ зыӀутым укъеджэнкъым, милицэ дэнэ къэна жиӀэу, езыми зигъалӀэмэ, нэхъ къещтэ къыщыщӀар хэӀущӀыӀу хъу нэхърэ. Лъапсэ, 27. Къалэдэсыр зэрогъэкӀий: мо пщыӀэ къомыр Ӏуфху жаӀэри, губгъуэрысхэми я лъабжьэр фӀагъэнащ: дэри дыцӀыхущ, губгъуэм дихьэу щхьэ зыдгъалӀэрэ, жаӀэри. ХьэщӀэ лъапӀэ, 404. Япэм адыгэ цӀыхубзхэм загъэлӀэнут къащыщӀар уамыгъащӀэу, иджы къэгузэвакъэ – дохутыр жаӀэнщи, я шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ къэсынщ. Лъапсэ, 10.

Düzeltme Öner

зыгъэлӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.