зыгъэзэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зегъазэ)
1. НэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ уи гупэр гъэзэн, зеӀуэнтӀэкӀын.
рупереворачиваться; оборачиваться, поворачиваться (о ком- л.)
- Хъунщ, сыппэплъэнщ, Мусэбий, - Залинэ зегъазэ я деж кӀуэжыну. Щ. Ӏ. ПхъэкъутапӀэмкӀэ зигъазэри пхъэ зыкъутэ.. щӀалэм ар {ПӀытӀу} еджащ. Ж. Б.
2. Къэфэн.
рутанцевать
Уей, дахэуэсу си нитӀым щӀэпсэ, зэ зыдгъэгъазэ, пшынэр тхуобзэрабзэ. Щ. Ӏ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
и зыгъазэ зы мазэщ
румедлительный, неповоротливый.
Kitapta geçtiği hali
зыгъэзэн (зегъазэ) перех. гл. 1. переворачиваться; оборачиваться, поворачиваться (о ком- л.) / НэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ уи гупэр гъэзэн, зеӀуэнтӀэкӀын. - Хъунщ, сыппэплъэнщ, Мусэбий, - Залинэ зегъазэ я деж кӀуэжыну. Щ. Ӏ. ПхъэкъутапӀэмкӀэ зигъазэри пхъэ зыкъутэ.. щӀалэм ар {ПӀытӀу} еджащ. Ж. Б. 2. переносное танцевать / Къэфэн. Уей, дахэуэсу си нитӀым щӀэпсэ, зэ зыдгъэгъазэ, пшынэр тхуобзэрабзэ. Щ. Ӏ. И зыгъазэ зы мазэщ медлительный, неповоротливый.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зегъазэ)
ЗеӀуэнтӀэкӀын, нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ уи гупэр гъэзэн.
Бот занщӀэу къызэрыкӀауэ Степан Ильич дежкӀэ зигъазэри, езым хуэдэу зи акъылым куэд къиубыд щымыӀэ хуэдэу, жиӀащ: – Советскэ дыщӀыхуейр тыншу вжесӀэнщ!— Хъуэпсэгъуэ нур, 267
+2 örnek
ЦӀыхубзым зигъэгусауэ зигъазэри блыным зыкӀэриукӀауэ шхыӀэным зыщӀиуфащ, сэ шхыӀэн щӀагъуэ стемыпӀауэ сыкъигъанэри; сыкъэтэджу си бэлътоужьыр зытезмыпӀэу хъуакъым, шхыӀэн щӀагъым сыкъыщӀэхутэн папщӀэ, сэшхуэм адэкӀэ сыщхьэдэмыхыу хъунутэкъыми.— МелыӀыч, 444
Ауэ лым деж кӀэнфеткӀэ е дыху абджкӀэ узыгурыӀуэн щыӀэтэкъым, дэнэкӀи зыгъазэ – цӀыхухъущи, зыхуей яӀурыдзэн хуейщ, ептынур зыхуэдизыр жыпӀэмэ, уасэ гуэр иӀэщи, ет: апэсым лы килограмм къыпокӀуэри, «егъэӀусэ апэсыщ» жыхуаӀэм хуэдэщ, уэ узыхуэчэмыр уощӀэжри къэгъэтӀылъ.— Лъапсэ, 97
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГЪЭЗЭН (зегъазэ) лъэӀ. (32). ЗеӀуэнтӀэкӀын, нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ уи гупэр гъэзэн. Бот занщӀэу къызэрыкӀауэ Степан Ильич дежкӀэ зигъазэри, езым хуэдэу зи акъылым куэд къиубыд щымыӀэ хуэдэу, жиӀащ: – Советскэ дыщӀыхуейр тыншу вжесӀэнщ! Хъуэпсэгъуэ нур, 267. ЦӀыхубзым зигъэгусауэ зигъазэри блыным зыкӀэриукӀауэ шхыӀэным зыщӀиуфащ, сэ шхыӀэн щӀагъуэ стемыпӀауэ сыкъигъанэри; сыкъэтэджу си бэлътоужьыр зытезмыпӀэу хъуакъым, шхыӀэн щӀагъым сыкъыщӀэхутэн папщӀэ, сэшхуэм адэкӀэ сыщхьэдэмыхыу хъунутэкъыми. МелыӀыч, 444. Ауэ лым деж кӀэнфеткӀэ е дыху абджкӀэ узыгурыӀуэн щыӀэтэкъым, дэнэкӀи зыгъазэ – цӀыхухъущи, зыхуей яӀурыдзэн хуейщ, ептынур зыхуэдизыр жыпӀэмэ, уасэ гуэр иӀэщи, ет: апэсым лы килограмм къыпокӀуэри, «егъэӀусэ апэсыщ» жыхуаӀэм хуэдэщ, уэ узыхуэчэмыр уощӀэжри къэгъэтӀылъ. Лъапсэ, 97.