зыгъэбыдэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зегъэбыдэ)
1. ЗыӀыгъын, шэчын, зыхуэгъэшэчын, лӀыгъэ зыхэгъэлъын.
рукрепиться, мужаться
- Зыгъэбыдэ, щӀалэфӀ, уи адэр щыӀэжкъым, - ерагъыу къыжьэдэкӀащ шым къепсыха щыхьэкӀуэм. Т. Хь.
2. Къозэуэным, къыптеуэным зэзэрыпэщӀэпсэным зыхуэщӀын, зыхуэгъэпсын, зыхуэгъэхьэзырын.
руукрепиться, подготовиться к обороне
3. Унафэ быдэ къэщтэн, зыгуэркӀэ къэмылэнджэну зэгурыӀуэн.
рутвердо договориться о чем-л.
Ди ӀэкӀэ дилъ тщӀэж хъунукъым, дилъ зэрытщӀэжын Ӏэмал къэдгъуэтынщ, - жари {Есэнокъуэ зэшищым} загъэбыдащ. Къэр. Хь.
Kitapta geçtiği hali
зыгъэбыдэн (зегъэбыдэ) перех. гл. 1. крепиться, мужаться / ЗыӀыгъын, шэчын, зыхуэгъэшэчын, лӀыгъэ зыхэгъэлъын. - Зыгъэбыдэ, щӀалэфӀ, уи адэр щыӀэжкъым, - ерагъыу къыжьэдэкӀащ шым къепсыха щыхьэкӀуэм. Т. Хь. 2. укрепиться, подготовиться к обороне / Къозэуэным, къыптеуэным зэзэрыпэщӀэпсэным зыхуэщӀын, зыхуэгъэпсын, зыхуэгъэхьэзырын. 3. переносное твердо договориться о чем-л. / Унафэ быдэ къэщтэн, зыгуэркӀэ къэмылэнджэну зэгурыӀуэн. Ди ӀэкӀэ дилъ тщӀэж хъунукъым, дилъ зэрытщӀэжын Ӏэмал къэдгъуэтынщ, - жари {Есэнокъуэ зэшищым} загъэбыдащ. Къэр. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зегъэбыдэ)
Къару зэгъэгъуэтын, зыгуэрым зыхуэгъэхьэзырын, зыхуэгъэпсын.
Къэрэмырзи ещӀэж ещанэу [къалэр] къатехыжыгъуей зэрыхъунур, бийм кӀуэ пэтми нэхъ зегъэбыдэ, къару нэхъыбэ зэщӀегъэуӀуэ, ӀэщэкӀи нэхъ хуэщӀащ, итӀани ӀэпщацагъэкӀэ ятекӀуэн и гугъэу дзэпщым къегъэзэжри зегъэхьэзыр.— Лыгъэ, 411
+2 örnek
Сабий лъы жахэр сигъэлъагъуу, Щыпсалъэрт си гум: «Уигу иубыдэ – А лейр нэмыцэм хуумыгъэгъу, Уемыш, зэуакӀуэ, зыгъэбыдэ».— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55
И гум Ӏэхъуэм иреубыдэ А хъыджэбзыр ихъумэну, Ар лъэкӀыну зегъэбыдэ.— Тисей, 495
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГЪЭБЫДЭН (зегъэбыдэ) лъэӀ. (5). Къару зэгъэгъуэтын, зыгуэрым зыхуэгъэхьэзырын, зыхуэгъэпсын. Къэрэмырзи ещӀэж ещанэу [къалэр] къатехыжыгъуей зэрыхъунур, бийм кӀуэ пэтми нэхъ зегъэбыдэ, къару нэхъыбэ зэщӀегъэуӀуэ, ӀэщэкӀи нэхъ хуэщӀащ, итӀани ӀэпщацагъэкӀэ ятекӀуэн и гугъэу дзэпщым къегъэзэжри зегъэхьэзыр. Лыгъэ, 411. Сабий лъы жахэр сигъэлъагъуу, Щыпсалъэрт си гум: «Уигу иубыдэ – А лейр нэмыцэм хуумыгъэгъу, Уемыш, зэуакӀуэ, зыгъэбыдэ». Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55. И гум Ӏэхъуэм иреубыдэ А хъыджэбзыр ихъумэну, Ар лъэкӀыну зегъэбыдэ. «Тисей», 495.