зыгъэбгъунлъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зегъэбгъунлъэ)
1. ЛъэныкъуэкӀэ зыгъэцӀэнтхъуэн.
рускользить в сторону (намеренно)
2. Зыгуэрым и деж кӀуэн, щэхуу, зыми къамыщӀэу зы щӀыпӀэ кӀуэн; лъэныкъуэ зегъэзын.
рууйти куда-л. тайком, ускользнуть
Хьэмзэт Шакъ дежкӀэ зигъэбгъунлъащ. Къ. Хь. ЩӀалэм зигъэбгъунлъри зигъэпщкӀуащ. Къэб. фольк.
Kitapta geçtiği hali
зыгъэбгъунлъэн (зегъэбгъунлъэ) перех. гл. 1. скользить в сторону (намеренно) / ЛъэныкъуэкӀэ зыгъэцӀэнтхъуэн. 2. переносное уйти куда-л. тайком, ускользнуть / Зыгуэрым и деж кӀуэн, щэхуу, зыми къамыщӀэу зы щӀыпӀэ кӀуэн; лъэныкъуэ зегъэзын. Хьэмзэт Шакъ дежкӀэ зигъэбгъунлъащ. Къ. Хь. ЩӀалэм зигъэбгъунлъри зигъэпщкӀуащ. Къэб. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зегъэбгъунлъэ)
ЛъэныкъуэкӀэ зыгъэцӀэнтхъуэн.
Мес, танк гуэрым зигъэбгъунлъэу А члисэм бгъэдокӀуатэ, Къуагъым къуэту Марфэ къоплъэ, Танкым шэхэр тракӀутэ, Сэлэт гуэри мис къопщылӀэ, Ӏугъуэм псори зэщӀищтащ, Бомбэр къоуэ, щӀыр мэлъалъэ, Танкыр псэууэ мис къэнащ, А члисэм егъэпщауэ Танкым топыр игъэуащ, Марфэ щтауэ гузэвауэ И н
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГЪЭБГЪУНЛЪЭН (зегъэбгъунлъэ) лъэӀ. (1). ЛъэныкъуэкӀэ зыгъэцӀэнтхъуэн. Мес, танк гуэрым зигъэбгъунлъэу А члисэм бгъэдокӀуатэ, Къуагъым къуэту Марфэ къоплъэ, Танкым шэхэр тракӀутэ, Сэлэт гуэри мис къопщылӀэ, Ӏугъуэм псори зэщӀищтащ, Бомбэр къоуэ, щӀыр мэлъалъэ, Танкыр псэууэ мис къэнащ, А члисэм егъэпщауэ Танкым топыр игъэуащ, Марфэ щтауэ гузэвауэ И н