зыгуэшын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
зыугощын/зыгуэшын (зеугощы/ зегуэш); BÖLÜNMEK (kendisi ~)
зыгуэшын → зыугощын; BÖLÜNMEK (kendisi ~)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зыугощын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(загуэш)
Гуп-гупу е зырызу зэхэкӀын, лъэныкъуэ зырызкӀэ зыкӀэщӀэкӀын.
руразделиться; разветвиться
Сэлэтхэм гупитӀу загуэшри хьэ гъэсахэри я гъусэу гъуэгубгъу зырызым Ӏутхэу ежьахэщ. Ӏуащхь. {Жыгым} и щхьэкӀэм къудамэ цӀыкӀу Ӏэджэу зегуэшыж, къудамэ псыгъуэ цӀыкӀухэм я тхтэмпэ щхъуантӀэхэр жьым зэрехуэ. Анэд.
Kitapta geçtiği hali
зыгуэшын (загуэш) перех. гл. разделиться; разветвиться / Гуп-гупу е зырызу зэхэкӀын, лъэныкъуэ зырызкӀэ зыкӀэщӀэкӀын. Сэлэтхэм гупитӀу загуэшри хьэ гъэсахэри я гъусэу гъуэгубгъу зырызым Ӏутхэу ежьахэщ. Ӏуащхь. {Жыгым} и щхьэкӀэм къудамэ цӀыкӀу Ӏэджэу зегуэшыж, къудамэ псыгъуэ цӀыкӀухэм я тхтэмпэ щхъуантӀэхэр жьым зэрехуэ. Анэд.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(загуэш)
Зырызу е гуп-гупу зэхэкӀын, лъэныкъуэ зырызкӀэ зэкӀэщӀэкӀын.
Нып щӀыху цӀыкӀу къомыр «Прохладная» станцым нэс тезу тетщ, адэкӀэ тӀууэ загуэшри зыкъомыр Мэздэгу лъэныкъуэкӀэ макӀуэ, зыкъомыр Беслъэн станцым фӀокӀыр, Джылахъстэней лъэныкъуэри нып щӀыху защӀэщ.— Нал къута, 239
Kitapta geçtiği hali
ЗЫГУЭШЫН (загуэш) лъэӀ. (1). Зырызу е гуп-гупу зэхэкӀын, лъэныкъуэ зырызкӀэ зэкӀэщӀэкӀын. Нып щӀыху цӀыкӀу къомыр «Прохладная» станцым нэс тезу тетщ, адэкӀэ тӀууэ загуэшри зыкъомыр Мэздэгу лъэныкъуэкӀэ макӀуэ, зыкъомыр Беслъэн станцым фӀокӀыр, Джылахъстэней лъэныкъуэри нып щӀыху защӀэщ. Нал къута, 239.