зыблегъэхын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зыблырегъэх)

1. Зебгъэхьурэ зыгуэрым и гъунэгъуу блэкӀын.

рузаставить, попросить кого-л. пронести себя мимо кого-чего-л.

УӀэгъэ хъуа сэлэтым идэртэкъым носилкэм тегъуэлъхьэн, ар санитархэм елъэӀурт тӀэкӀу заӀэжьэну и ныбжьэгъухэм дежкӀэ зыблригъэхын, абыхэм зэ япсэлъэжын и мураду. Ӏуащхь.

2. Мурад гуэр хуиӀэу, ауэ пфӀэмыӀуэхуфэ зытебгъауэу зыгуэрым блэкӀын.

рупройтись, проехаться мимо кого-что-л. (с какой-л. целью)

Шу гъусэ щӀалэхэм зыпылъ ялъэгъуамэ, блэжырти аргуэру, зыгуэр къыщыгъупща хуэдэу, къагъэзэжырт, аргуэру жэрыгъэкӀэ зыблрагъэхырт. КӀ. А. Сэ сызыдэкӀуэнур щӀалэ Ӏэпщэхущ, шы къарэ лъакъуэхукӀэ зыблрегъэх. Сов. Къэб. ифольк.

Kitapta geçtiği hali

зыблегъэхын (зыблырегъэх) перех. гл. 1. заставить, попросить кого-л. пронести себя мимо кого-чего-л. / Зебгъэхьурэ зыгуэрым и гъунэгъуу блэкӀын. УӀэгъэ хъуа сэлэтым идэртэкъым носилкэм тегъуэлъхьэн, ар санитархэм елъэӀурт тӀэкӀу заӀэжьэну и ныбжьэгъухэм дежкӀэ зыблригъэхын, абыхэм зэ япсэлъэжын и мураду. Ӏуащхь. 2. переносное пройтись, проехаться мимо кого-что-л. (с какой-л. целью) / Мурад гуэр хуиӀэу, ауэ пфӀэмыӀуэхуфэ зытебгъауэу зыгуэрым блэкӀын. Шу гъусэ щӀалэхэм зыпылъ ялъэгъуамэ, блэжырти аргуэру, зыгуэр къыщыгъупща хуэдэу, къагъэзэжырт, аргуэру жэрыгъэкӀэ зыблрагъэхырт. КӀ. А. Сэ сызыдэкӀуэнур щӀалэ Ӏэпщэхущ, шы къарэ лъакъуэхукӀэ зыблрегъэх. Сов. Къэб. ифольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зыблрегъэх)

КъызыфӀомыгъэӀуэху, хуэдэурэ зыгуэрым блэкӀын. –246.

АрщхьэкӀэ зэкъуэшитӀым я гузэвэгъуэр Елдар дэнэ щищӀэнт, фызышэ къикӀыж хуэдэу и гур жану, и нэгум гуфӀэгъуэшхуэ зэрыщӀэтым гу лъыптэу, пцӀащхъуэм хуэдэу псынщӀэу зыблригъэхащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 245

+2 örnek

Шууэ Тинэхэ я куэбжэмкӀэ Лу зыблригъэхым фӀэфӀу щытамэ, ноби зыблригъэхынщ, Ӏэмал имыӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522

Джэдгын зи жагъуэм и Ӏупэм къытокӀэ, жыхуаӀэр арати, шокъу жиӀэу старшынэм хуэзащ, арщхьэкӀэ сэлам ирихыу, къызэтемыувыӀэу зыблригъэхыну арат и мурадыр [Астемыр].— Хъуэпсэгъуэ нур, 62

Kitapta geçtiği hali

ЗЫБЛЕГЪЭХЫН (зыблрегъэх) лъэӀ. (4).зэхь. КъызыфӀомыгъэӀуэху, хуэдэурэ зыгуэрым блэкӀын. АрщхьэкӀэ зэкъуэшитӀым я гузэвэгъуэр Елдар дэнэ щищӀэнт, фызышэ къикӀыж хуэдэу и гур жану, и нэгум гуфӀэгъуэшхуэ зэрыщӀэтым гу лъыптэу, пцӀащхъуэм хуэдэу псынщӀэу зыблригъэхащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 245–246. Шууэ Тинэхэ я куэбжэмкӀэ Лу зыблригъэхым фӀэфӀу щытамэ, ноби зыблригъэхынщ, Ӏэмал имыӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Джэдгын зи жагъуэм и Ӏупэм къытокӀэ, жыхуаӀэр арати, шокъу жиӀэу старшынэм хуэзащ, арщхьэкӀэ сэлам ирихыу, къызэтемыувыӀэу зыблригъэхыну арат и мурадыр [Астемыр]. Хъуэпсэгъуэ нур, 62.

Düzeltme Öner

зыблегъэхын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.