зыбжанэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЗАУЛ, ЗЫЗАУЛ(Э), зыбжанэ, зытӀузыщ/зытӀущ, ТӀУЗЫЩ; BİRKAÇ
зыбжанэ → ЗАУЛ; BİRKAÇ
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: заул
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ПыухыкӀауэ щымыт бжыгъэу мымащӀэ икӀи мыкуэд мыхьэнэр къызэрагъэлъагъуэ.
рунесколько
Ижьырабгъу блыным Ӏэщэ-фащэ зэмылӀэужьыгъуэ зыбжанэ къыкӀэрощ. Ш. А. А илъэсхэм абы {КӀуащым} щӀиджыкӀащ урыс, европейскэ, американскэ тхакӀуэшхуэхэм я тхылъ зыбжанэ. Н. З.
Kitapta geçtiği hali
зыбжанэ несколько / ПыухыкӀауэ щымыт бжыгъэу мымащӀэ икӀи мыкуэд мыхьэнэр къызэрагъэлъагъуэ. Ижьырабгъу блыным Ӏэщэ-фащэ зэмылӀэужьыгъуэ зыбжанэ къыкӀэрощ. Ш. А. А илъэсхэм абы {КӀуащым} щӀиджыкӀащ урыс, европейскэ, американскэ тхакӀуэшхуэхэм я тхылъ зыбжанэ. Н. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ПыухыкӀауэ щымыт бжыгъэу мымащӀэ икӀи мыкуэд.
НэхъыфӀу еджэхэм Алий къахибжыкӀри щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ культармеецу къуажэм дыкӀуэурэ цӀыхубзу унагъуэ зезыхьэм еджэкӀэрэ тхэкӀэрэ едгъэщӀэну тетрадь, къэрэндащ къытхуигуэшащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528
+2 örnek
Дорофеичи къелъэӀуащ Лу: ди оркестрыр ирикъуркъым, инструмент зыбжанэ дыхущощӀэри, Инал епсалъи дызыхущыщӀэр къызэрытщэхун ахъшэ къытхуеӀых, мэуэ зы пщыкӀутӀ-пщыкӀутху дыхъуатэмэ, военнэ оркестрым дещхьынт, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547
Шынел щыгъыу урыс гуэрым делегатхэр унэм щӀишэрт, абы ещхьу адыгэу, къущхьэу зыбжани адыгэ цейм ищӀыӀукӀэ шынел тракъуауэ къащылэлырт, шынелыр абыхэм я щӀэщыгъуэу зэрыщытыр къигъэлъагъуэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 322
Deyimler (2)
зыбжанэ лъандэрэ
Зэман зыкъом хъуауэ.
Зыбжанэ лъандэрэ щакӀуэ кӀуэуэ гуп зэрыгъэхъуам я Ӏэщэ-фащэр зыдахь-къахьыжу щымыту, а здэкӀуэм зэрынэсу къыщагъуэтырт.— Лъапсэ, 67
+2 örnek
Жьы дыдэ хъуами, нанэ гуэгуш игъэхъуу Ӏуащхьэм тесу махуэр игъакӀуэрт, ауэ зыбжанэ лъандэрэ Думэсарэ бгъэдэст уэндэгъу зэрыхъуам папщӀэкӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 66
Къэрэмырзэ зэуэныр зыбжанэ лъандэрэ пичат, дауи пимычынрэ – иджыри къэс и щхьэр мыхъужа дэнэ къэна, и набдзэр, и нэбжьыцыр къэкӀыжакъым, и пащӀэ Ӏувышхуэм щыщ къэнамэ, имыупсыжу хъуакъым.— Лыгъэ, 413
зыбжанэ щӀэн
Зэман зыкъом дэкӀын.
Зыбжанэ щӀащ абы и адэ-анэр Тыркум кӀуэжауэ зэрыщытрэ [Къазджэрий и щхьэгъусэ Саният].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 572
+1 örnek
Нэмыцэхэр хэкум зэрырахужрэ зыбжанэ щӀами, дунейр зэфӀэувэжыпатэкъым.— МелыӀыч, 447
Kitapta geçtiği hali
ЗЫБЖАНЭ (62). ПыухыкӀауэ щымыт бжыгъэу мымащӀэ икӀи мыкуэд. НэхъыфӀу еджэхэм Алий къахибжыкӀри щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ культармеецу къуажэм дыкӀуэурэ цӀыхубзу унагъуэ зезыхьэм еджэкӀэрэ тхэкӀэрэ едгъэщӀэну тетрадь, къэрэндащ къытхуигуэшащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528. Дорофеичи къелъэӀуащ Лу: ди оркестрыр ирикъуркъым, инструмент зыбжанэ дыхущощӀэри, Инал епсалъи дызыхущыщӀэр къызэрытщэхун ахъшэ къытхуеӀых, мэуэ зы пщыкӀутӀ-пщыкӀутху дыхъуатэмэ, военнэ оркестрым дещхьынт, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547. Шынел щыгъыу урыс гуэрым делегатхэр унэм щӀишэрт, абы ещхьу адыгэу, къущхьэу зыбжани адыгэ цейм ищӀыӀукӀэ шынел тракъуауэ къащылэлырт, шынелыр абыхэм я щӀэщыгъуэу зэрыщытыр къигъэлъагъуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 322. ◊ Зыбжанэ лъандэрэ (6). Зэман зыкъом хъуауэ. Зыбжанэ лъандэрэ щакӀуэ кӀуэуэ гуп зэрыгъэхъуам я Ӏэщэ-фащэр зыдахь-къахьыжу щымыту, а здэкӀуэм зэрынэсу къыщагъуэтырт. Лъапсэ, 67. Жьы дыдэ хъуами, нанэ гуэгуш игъэхъуу Ӏуащхьэм тесу махуэр игъакӀуэрт, ауэ зыбжанэ лъандэрэ Думэсарэ бгъэдэст уэндэгъу зэрыхъуам папщӀэкӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 66. Къэрэмырзэ зэуэныр зыбжанэ лъандэрэ пичат, дауи пимычынрэ – иджыри къэс и щхьэр мыхъужа дэнэ къэна, и набдзэр, и нэбжьыцыр къэкӀыжакъым, и пащӀэ Ӏувышхуэм щыщ къэнамэ, имыупсыжу хъуакъым. Лыгъэ, 413. Зыбжанэ щӀэн (2). Зэман зыкъом дэкӀын. Зыбжанэ щӀащ абы и адэ-анэр Тыркум кӀуэжауэ зэрыщытрэ [Къазджэрий и щхьэгъусэ Саният]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 572. Нэмыцэхэр хэкум зэрырахужрэ зыбжанэ щӀами, дунейр зэфӀэувэжыпатэкъым. МелыӀыч, 447.