зилъэфыхьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зрелъэфыхь)
МыпӀэщӀэн, зыгъэгувэн.
румедлить, не торопиться с чем-л.
Увжыкъуэ зрилъэфыхьами.. зэӀущӀэм къэсащ. Сов. Къэб. ифольк. - ЖыӀэм сыт къытхужаӀэн? ЛъэпкъитӀыр зэгурыӀуащ, - зрилъэфыхьырт хъыджэбзым. Къэр. Хь.
Kitapta geçtiği hali
зилъэфыхьын (зрелъэфыхь) перех. гл. медлить, не торопиться с чем-л. / МыпӀэщӀэн, зыгъэгувэн. Увжыкъуэ зрилъэфыхьами.. зэӀущӀэм къэсащ. Сов. Къэб. ифольк. - ЖыӀэм сыт къытхужаӀэн? ЛъэпкъитӀыр зэгурыӀуащ, - зрилъэфыхьырт хъыджэбзым. Къэр. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зрелъэфыхь)
МыпӀэщӀэн, зыгъэгувэн.
МафӀэгум итӀысхьэнум хьэпшыпу яӀэр килограмм щитӀ-щитӀ къудейт зэрыхъури, зизылъэфыхь къахэкӀмэ, сэлэтхэм къащтэрти я хьэпи, я шыпи, езыхэри вагоным ирагуэрт, псынщӀэ-псынщӀэу мафӀэгур текӀын щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 85
+2 örnek
Елдар къыгурыӀуащ зиплъэфыхь зэрымыхъунур.— Хъуэпсэгъуэ нур, 229
[Къыдырым хьэкӀэкхъуэкӀэхэм яжреӀэ:] Дунейр фолъагъу – жьапщэщ, щӀымахуэр нобэ-пщэдей къихьэнущ, куэдрэ зитлъэфыхь хъунукъым.— Кхъухь пхэнж, 505
Kitapta geçtiği hali
ЗИЛЪЭФЫХЬЫН (зрелъэфыхь) лъэӀ. (21). МыпӀэщӀэн, зыгъэгувэн. МафӀэгум итӀысхьэнум хьэпшыпу яӀэр килограмм щитӀ-щитӀ къудейт зэрыхъури, зизылъэфыхь къахэкӀмэ, сэлэтхэм къащтэрти я хьэпи, я шыпи, езыхэри вагоным ирагуэрт, псынщӀэ-псынщӀэу мафӀэгур текӀын щхьэкӀэ. Лъапсэ, 85. Елдар къыгурыӀуащ зиплъэфыхь зэрымыхъунур. Хъуэпсэгъуэ нур, 229. [Къыдырым хьэкӀэкхъуэкӀэхэм яжреӀэ:] Дунейр фолъагъу – жьапщэщ, щӀымахуэр нобэ-пщэдей къихьэнущ, куэдрэ зитлъэфыхь хъунукъым. Кхъухь пхэнж, 505.