зекъузылӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зрекъузылӀэ)

1. Зыгуэрым зыкӀэрыкъузэн.

руприжаться к кому-чему-л.

Блыным зекъузылӀэн. Сабийм и анэм зрекъузылӀэ.

2. Зыгуэрым пэгъунэгъу зыщӀын, гъунэгъуу етӀысылӀэн.

рупоселиться, расположиться близко к чему-л., рядом с чем-л.

Ижь лъандэрэ цӀыхухэм зэхалъхьа зы хабзэ гуэрым ипкъ иткӀэ къуажэм псы Ӏуфэм нэхъ зракъузылӀэ зэпытщ. КӀ. Т.

Kitapta geçtiği hali

зекъузылӀэн (зрекъузылӀэ) перех. гл. 1. прижаться к кому-чему-л. / Зыгуэрым зыкӀэрыкъузэн. Блыным зекъузылӀэн. Сабийм и анэм зрекъузылӀэ. 2. переносное поселиться, расположиться близко к чему-л., рядом с чем-л. / Зыгуэрым пэгъунэгъу зыщӀын, гъунэгъуу етӀысылӀэн. Ижь лъандэрэ цӀыхухэм зэхалъхьа зы хабзэ гуэрым ипкъ иткӀэ къуажэм псы Ӏуфэм нэхъ зракъузылӀэ зэпытщ. КӀ. Т.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зрекъузылӀэ)

Зыгуэрым зыкӀэрышытӀэн, зыкӀэрыкъузэн.

Саримэ къэушауэ нэхъеижу шынати, и гупэ хэлъ щӀалэ цӀыкӀум зрикъузылӀащ, арщхьэкӀэ лӀы къащхьэщытыр къепхъуауэ Саримэ ихьыну еӀэрт, щӀалэ цӀыкӀур хъыджэбзым къыхукӀэрымычу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144

+1 örnek

ЩӀалэ цӀыкӀум [Лу] ар и гуапэти езыми, дуней гуфӀэгъуэр иӀэу, и адэм зрикъузылӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 194

Kitapta geçtiği hali

ЗЕКЪУЗЫЛӀЭН (зрекъузылӀэ) лъэӀ. (2). Зыгуэрым зыкӀэрышытӀэн, зыкӀэрыкъузэн. Саримэ къэушауэ нэхъеижу шынати, и гупэ хэлъ щӀалэ цӀыкӀум зрикъузылӀащ, арщхьэкӀэ лӀы къащхьэщытыр къепхъуауэ Саримэ ихьыну еӀэрт, щӀалэ цӀыкӀур хъыджэбзым къыхукӀэрымычу. Хъуэпсэгъуэ нур, 144. ЩӀалэ цӀыкӀум [Лу] ар и гуапэти езыми, дуней гуфӀэгъуэр иӀэу, и адэм зрикъузылӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 194.

Düzeltme Öner

зекъузылӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.