зеиншэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ХЭХЭТ, ЗИЗАКЪУ(Э), зыенчъ/ зеиншэ, дэфыхыгъ/дэхуэха, къотэгъунчъ/къуэтэгъуншэ, ГЪЭРИБ; GARİP
зеиншэ/зыенчъ; KİMSESİZ, SAHİPSİZ
зеиншэ/зыенчъ → ХЭХЭТ; GARİP
зыенчъ/зеиншэ → ХЭХЭТ; GARİP, KİMSESİZ, SAHİPSİZ
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: хэхэт
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Адэ-анэ зимыӀэж, ибэ.
русирота
Нафисэт.. ӀэпцӀэлъапцӀэу, нэхумрэ хуабэмрэ зэрылъэӀэс щымыӀэу зеиншэ хуэдэ къэтэджащ. КӀ. Т. Илъэсищ хъуат Назиррэ Залинэрэ зеиншэу къызэрынэрэ.., къащхьэщысын ямыӀэу зэрыпсэурэ. Щ. Ӏ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
зеиншэ хъурей
рукруглый (круглая) сирота.
Зеиншэ хъурейуэ къэна хъыджэбз цӀыкӀур гъунэгъу фызым зришэлӀэжащ.
Kitapta geçtiği hali
зеиншэ сирота / Адэ-анэ зимыӀэж, ибэ. Нафисэт.. ӀэпцӀэлъапцӀэу, нэхумрэ хуабэмрэ зэрылъэӀэс щымыӀэу зеиншэ хуэдэ къэтэджащ. КӀ. Т. Илъэсищ хъуат Назиррэ Залинэрэ зеиншэу къызэрынэрэ.., къащхьэщысын ямыӀэу зэрыпсэурэ. Щ. Ӏ. Зеиншэ хъурей круглый (круглая) сирота. Зеиншэ хъурейуэ къэна хъыджэбз цӀыкӀур гъунэгъу фызым зришэлӀэжащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Адэ-анэ зимыӀэж, ибэ.
– Сыту пасэ мыгъуэу хэкӀуэда уи Ӏэ ижьыр, – жиӀэри ЩоджэнцӀыкӀум и гур щӀэгъуащ щӀалэ зеиншэ цӀыкӀум, ар зыдэс партэм къекӀуалӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523
+2 örnek
Зеиншэ защӀэу къызэхэна унагъуэм гузэвэгъуэ япэ къизыхьар щӀалэ нэхъыжьым кӀэлъыкӀуэ Псэунщ.— Къалэн, 428
Зэгуэр Бейбарсыр къэуващ: дэ пащтыхьыгъуэр дохъумэ, уанэгум дис защӀэу гъащӀэр идохьэкӀ, ди сабий дахэсу ди унэ дисыж хъуркъым, итӀани дызыхуит щыӀэкъым, гулъыти къытхуащӀыркъым, ди быныр джанэншэу уэрамым дэтщ, хабзэм щхьэ зедмытрэ, къэралым хэхъуапӀэ зимыӀэ щыӀэкъым, дэ бийм дытекӀуэмэ, ди быныр зеиншэу къонэ жиӀэу.— Лъапсэ, 100
Kitapta geçtiği hali
ЗЕИНШЭ (31). плъыф. Адэ-анэ зимыӀэж, ибэ. – Сыту пасэ мыгъуэу хэкӀуэда уи Ӏэ ижьыр, – жиӀэри ЩоджэнцӀыкӀум и гур щӀэгъуащ щӀалэ зеиншэ цӀыкӀум, ар зыдэс партэм къекӀуалӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523. Зеиншэ защӀэу къызэхэна унагъуэм гузэвэгъуэ япэ къизыхьар щӀалэ нэхъыжьым кӀэлъыкӀуэ Псэунщ. Къалэн, 428. Зэгуэр Бейбарсыр къэуващ: дэ пащтыхьыгъуэр дохъумэ, уанэгум дис защӀэу гъащӀэр идохьэкӀ, ди сабий дахэсу ди унэ дисыж хъуркъым, итӀани дызыхуит щыӀэкъым, гулъыти къытхуащӀыркъым, ди быныр джанэншэу уэрамым дэтщ, хабзэм щхьэ зедмытрэ, къэралым хэхъуапӀэ зимыӀэ щыӀэкъым, дэ бийм дытекӀуэмэ, ди быныр зеиншэу къонэ жиӀэу. Лъапсэ, 100.