зегъэщхьын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зрегъэщхь)

Зыгуэрым ещхь зыщӀын, ещхь хъуну яужь итын, дэплъеин; зыпэщӀыжын.

руподражать кому-л., стремиться быть похожим на кого-л.

Ныбжьэгъум зегъэщхьын. Сабийм балигъхэм зарегъэщхь.

Kitapta geçtiği hali

зегъэщхьын (зрегъэщхь) перех. гл. подражать кому-л., стремиться быть похожим на кого-л. / Зыгуэрым ещхь зыщӀын, ещхь хъуну яужь итын, дэплъеин; зыпэщӀыжын. Ныбжьэгъум зегъэщхьын. Сабийм балигъхэм зарегъэщхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зрегъэщхь)

Зыгуэрым зегъэпщэн, зелъытын, ещхь зыщӀын. –643.

Уи къалэ щхьиблым Зыкърагъэщхьу, Вагъуэзэшиблыр ЖэщкӀэ зэщӀоблэ.— Адыгэ хэку. «Дамыгъэ», 224

+2 örnek

ЩӀалэ цӀыкӀухэм Тини яхэту зэдэгушыӀэрт: «Ей, къуажэ махуэ хъун, фыкъэдаӀуэ, пщэдей спектакль къагъэлъагъуэ, кӀэпсэмол щӀалэр молэм зэрытекӀуар зэвгъэлъагъунумэ, фыкъекӀуалӀэ», – жиӀэу Лу гъуом зригъэщхьу кӀийрт, адрейхэри абы дежьу хуэдэу зэрыгъэдыхьэшхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642

Уэ зыуэзгъэщхьу сэ сесащи, КъикӀуэт жыхуаӀэр сэ сымыщӀэ, Сэ уанэ теслъхьэр уанэ махуэщ, Си гъуэгу къыдокӀуэр сэри фӀыщӀэ.— Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373

Kitapta geçtiği hali

ЗЕГЪЭЩХЬЫН (зрегъэщхь) лъэӀ. (11). Зыгуэрым зегъэпщэн, зелъытын, ещхь зыщӀын. Уи къалэ щхьиблым Зыкърагъэщхьу, Вагъуэзэшиблыр ЖэщкӀэ зэщӀоблэ. Адыгэ хэку. «Дамыгъэ», 224. ЩӀалэ цӀыкӀухэм Тини яхэту зэдэгушыӀэрт: «Ей, къуажэ махуэ хъун, фыкъэдаӀуэ, пщэдей спектакль къагъэлъагъуэ, кӀэпсэмол щӀалэр молэм зэрытекӀуар зэвгъэлъагъунумэ, фыкъекӀуалӀэ», – жиӀэу Лу гъуом зригъэщхьу кӀийрт, адрейхэри абы дежьу хуэдэу зэрыгъэдыхьэшхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642–643. Уэ зыуэзгъэщхьу сэ сесащи, КъикӀуэт жыхуаӀэр сэ сымыщӀэ, Сэ уанэ теслъхьэр уанэ махуэщ, Си гъуэгу къыдокӀуэр сэри фӀыщӀэ. Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

uydurma-k

Düzeltme Öner

зегъэщхьын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.