защӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэфэзэщ, къанэ щымыӀэу, зэкӀэ, псори (зыгуэрым зэщӀищтам, зэщӀицӀэлам хужаӀэ).
руцеликом, полностью
Дахэ защӀэ. Ин защӀэ.
+1 örnek
Куэдрэ дызэщӀымыгъуа щхьэкӀэ, сэ гукъинэ схуэхъуащ а гъэр, Ӏэджэ бэлыхьи сыхигъэтащ сэ абы {Печорин}, иужь фӀы защӀэ тхухъу.— Къэбэрдей
МытӀуащӀэ, тӀууэ е нэхъыбэу зэгуэмылъ, зэтемылъ.
руодинарный
Щхьэгъубжэ защӀэ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
насып защӀэ ухъу
Еплъ: насып
Kitapta geçtiği hali
защӀэ I нареч. целиком, полностью / Зэфэзэщ, къанэ щымыӀэу, зэкӀэ, псори (зыгуэрым зэщӀищтам, зэщӀицӀэлам хужаӀэ). Дахэ защӀэ. Ин защӀэ. * Куэдрэ дызэщӀымыгъуа щхьэкӀэ, сэ гукъинэ схуэхъуащ а гъэр, Ӏэджэ бэлыхьи сыхигъэтащ сэ абы {Печорин}, иужь фӀы защӀэ тхухъу. Къэб. Насып защӀэ ухъу см. насып. II одинарный / МытӀуащӀэ, тӀууэ е нэхъыбэу зэгуэмылъ, зэтемылъ. Щхьэгъубжэ защӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зэфэзэщ, къанэ щымыӀэу, псори, зэщыщ.
И быдапӀэр мывэ защӀэщ, И сэрейхэм хьэдэ мащӀэ КъыӀунакъым нобэм къэс: шууэ укӀуэм, уохъур лъэс, Лъэсу укӀуэм, уегъэсэх, И куэбжиблыр мывэ сэхщ, Абрэмывэр и бжэ папщӀэщ, И шордакъыр дыщэ защӀэщ, Блэ мэхущхьэ къэушыху, Жэщрэ махуэу блы дэкӀыху, Къэмыушу ар мэжей, Бэлэрыгъым, мэгужьей. «— Елбэздыкъуэ, 12
+2 örnek
Исхьэкъ и сурэтыр зэрыта газет дыдэм Ӏэдэм и хъыбари къытехуат: адрейщ-мыдрейщ, Щхьэлмывэкъуэ дэс псори зэхуэбгъадэ хъунукъым: жылэм уэрэдус защӀэкъым лӀыжьу дэсыр, и мыгуащӀэкӀэ псэуи щыӀэщ – псалъэм папщӀэ, щхьэлтет Ӏэдэм хьэжыпщӀэм и нэхъыбэр бэзэрым ешэ, е мылъкукӀэ ехъуэж, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508
Нып щӀыху цӀыкӀу къомыр «Прохладная» станцым нэс тезу тетщ, адэкӀэ тӀууэ загуэшри зыкъомыр Мэздэгу лъэныкъуэмкӀэ макӀуэ, зыкъомыр Беслъэн станцым фӀокӀыр, Джылахъстэней лъэныкъуэри нып щӀыху защӀэщ.— Нал къута, 239
2. Зэпыу имыӀэу, зэпымыууэ.
Жьыр ди щӀыбагъымкӀэ къепщэрти, шу къомым къагъэхъея сабэр пшагъуэ гуэрэным хуэдэу япэм ит защӀэщи, нэхъ дыкъамылъагъуурэ гъунэгъу захуэтщӀынщ, жиӀэу Къэрэмырзэ ар и гурыфӀыгъуэщ, щӀэгузавэ куэд щыӀэ пэтми.— Лыгъэ, 411
+2 örnek
Зэгуэр Бейбарсыр къэуващ: дэ пащтыхьыгъуэр дохъумэ¸уанэгум дис защӀэу гъащӀэр идохьэкӀ, ди сабий дахэсу ди унэ дисыж хъуркъым, итӀани дызыхуит щыӀэкъым, гулъыти къытхуащӀыркъым, ди быныр джанэншэу уэрамым дэтщ, хабзэм щхьэ зедмытрэ, къэралым хэхъуапӀэ зимыӀэ щыӀэкъым, дэ бийм дытекӀуэмэ, къытетхыр диӀэщ, дытемыкӀуэмэ, ди быныр зеиншэу къонэ жиӀэу.— Лъапсэ, 100
Щхьэгъубжэм Ӏусу щыс защӀэти, и анэр къэкӀуэжу илъэгъуакъэ – унэм щӀэцӀэфтти и ныбжьэгъухэм я деж кӀуэрт.— Нагъуху, 48
3. Зыгуэрым зэфэзэщу ицӀэла, иуцӀэпӀа.
ИтӀани джанэр къызыщех, Абы мыр жиӀэу зэхахащ: «Лъы защӀэщ джанэр – хъунщ бэракъ, А си лъыр мафӀэу ирелыд, Бийр лъэщми фыкӀуэ, фыхуэсакъ, Фи гъусэу фхэтым сэ сефлъыт».— Нып. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 21
+2 örnek
Щхьэлтетыр, хьэжыгъэ защӀэ хъужауэ къыкъуэкӀащ, тӀэкӀуи къызэщӀэплъауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633
Арыншэми [фызыжьым] и бостеижь тӀэкӀур зэхэфыщӀат, иджы хьэлэчу ятӀэ защӀэ хъуащи, уеӀусэмэ, зэпкърыхунущ.— ГущӀэгъу, 420
Kitapta geçtiği hali
ЗАЩӀЭ (168). 1. (102). Зэфэзэщ, къанэ щымыӀэу, псори, зэщыщ. И быдапӀэр мывэ защӀэщ, И сэрейхэм хьэдэ мащӀэ КъыӀунакъым нобэм къэс: шууэ укӀуэм, уохъур лъэс, Лъэсу укӀуэм, уегъэсэх, И куэбжиблыр мывэ сэхщ, Абрэмывэр и бжэ папщӀэщ, И шордакъыр дыщэ защӀэщ, Блэ мэхущхьэ къэушыху, Жэщрэ махуэу блы дэкӀыху, Къэмыушу ар мэжей, Бэлэрыгъым, мэгужьей. «Елбэздыкъуэ», 12. Исхьэкъ и сурэтыр зэрыта газет дыдэм Ӏэдэм и хъыбари къытехуат: адрейщ-мыдрейщ, Щхьэлмывэкъуэ дэс псори зэхуэбгъадэ хъунукъым: жылэм уэрэдус защӀэкъым лӀыжьу дэсыр, и мыгуащӀэкӀэ псэуи щыӀэщ – псалъэм папщӀэ, щхьэлтет Ӏэдэм хьэжыпщӀэм и нэхъыбэр бэзэрым ешэ, е мылъкукӀэ ехъуэж, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508. Нып щӀыху цӀыкӀу къомыр «Прохладная» станцым нэс тезу тетщ, адэкӀэ тӀууэ загуэшри зыкъомыр Мэздэгу лъэныкъуэмкӀэ макӀуэ, зыкъомыр Беслъэн станцым фӀокӀыр, Джылахъстэней лъэныкъуэри нып щӀыху защӀэщ. Нал къута, 239. 2. (44). Зэпыу имыӀэу, зэпымыууэ. Жьыр ди щӀыбагъымкӀэ къепщэрти, шу къомым къагъэхъея сабэр пшагъуэ гуэрэным хуэдэу япэм ит защӀэщи, нэхъ дыкъамылъагъуурэ гъунэгъу захуэтщӀынщ, жиӀэу Къэрэмырзэ ар и гурыфӀыгъуэщ, щӀэгузавэ куэд щыӀэ пэтми. Лыгъэ, 411. Зэгуэр Бейбарсыр къэуващ: дэ пащтыхьыгъуэр дохъумэ¸уанэгум дис защӀэу гъащӀэр идохьэкӀ, ди сабий дахэсу ди унэ дисыж хъуркъым, итӀани дызыхуит щыӀэкъым, гулъыти къытхуащӀыркъым, ди быныр джанэншэу уэрамым дэтщ, хабзэм щхьэ зедмытрэ, къэралым хэхъуапӀэ зимыӀэ щыӀэкъым, дэ бийм дытекӀуэмэ, къытетхыр диӀэщ, дытемыкӀуэмэ, ди быныр зеиншэу къонэ жиӀэу. Лъапсэ, 100. Щхьэгъубжэм Ӏусу щыс защӀэти, и анэр къэкӀуэжу илъэгъуакъэ – унэм щӀэцӀэфтти и ныбжьэгъухэм я деж кӀуэрт. Нагъуху,48. 3. (22). Зыгуэрым зэфэзэщу ицӀэла, иуцӀэпӀа. ИтӀани джанэр къызыщех, Абы мыр жиӀэу зэхахащ: «Лъы защӀэщ джанэр – хъунщ бэракъ, А си лъыр мафӀэу ирелыд, Бийр лъэщми фыкӀуэ, фыхуэсакъ, Фи гъусэу фхэтым сэ сефлъыт». Нып. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 21. Щхьэлтетыр, хьэжыгъэ защӀэ хъужауэ къыкъуэкӀащ, тӀэкӀуи къызэщӀэплъауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633. Арыншэми [фызыжьым] и бостеижь тӀэкӀур зэхэфыщӀат, иджы хьэлэчу ятӀэ защӀэ хъуащи, уеӀусэмэ, зэпкърыхунущ. ГущӀэгъу, 420.