залымыгъэкӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЛъэщыгъэкӀэ, хуэмейуэ, имыдэу.
рунасильно
- Хьэуэ, сыкӀуэнукъым, - жери идэкъым фызым. АрщхьэкӀэ Тхьэгъэлэдж залымыгъэкӀэ фызыр Лъэпщ и деж ихуащ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр
Kitapta geçtiği hali
залымыгъэкӀэ нареч. насильно / ЛъэщыгъэкӀэ, хуэмейуэ, имыдэу. * - Хьэуэ, сыкӀуэнукъым, - жери идэкъым фызым. АрщхьэкӀэ Тхьэгъэлэдж залымыгъэкӀэ фызыр Лъэпщ и деж ихуащ. Ад. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЛъэщыгъэкӀэ.
Къэбэрдейр абыкӀэ арэзы мыхъуу, я Ӏэтащхьэр къэуври жиӀащ: ди щӀыр зэхэвгуашэу ддэнукъым, залымыгъэкӀэ ттефхыну фи гугъэмэ, республикэм дыкъыхокӀыжри хэку щхьэхуэу дыкъонэ жиӀэри.— Лъапсэ, 88
+2 örnek
ӀэпщацагъэкӀэ, залымыгъэкӀэ я ужь уихьэмэ, зыри къикӀынукъым [Дыхьэшхащ Якъуб].— Нал къута, 259
Тхылъ пхуемыджэмэ, жепӀэр имыдэмэ, къанэр зыщ – залымыгъэкӀэ ебгъэджэнщ, бгъэшынэнщ, уеблэмэ пулемети топи щыбгъэуэн къэхъункӀи мэхъу, арыншэу уахэмызагъэмэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 532
Kitapta geçtiği hali
ЗАЛЫМЫГЪЭКӀЭ (6). нареч. ЛъэщыгъэкӀэ. Къэбэрдейр абыкӀэ арэзы мыхъуу, я Ӏэтащхьэр къэуври жиӀащ: ди щӀыр зэхэвгуашэу ддэнукъым, залымыгъэкӀэ ттефхыну фи гугъэмэ, республикэм дыкъыхокӀыжри хэку щхьэхуэу дыкъонэ жиӀэри. Лъапсэ, 88. ӀэпщацагъэкӀэ, залымыгъэкӀэ я ужь уихьэмэ, зыри къикӀынукъым [Дыхьэшхащ Якъуб]. Нал къута, 259. Тхылъ пхуемыджэмэ, жепӀэр имыдэмэ, къанэр зыщ – залымыгъэкӀэ ебгъэджэнщ, бгъэшынэнщ, уеблэмэ пулемети топи щыбгъэуэн къэхъункӀи мэхъу, арыншэу уахэмызагъэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 532.