жэуап етын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
УпщӀэм пэдзын.
Мыр иретыр шым жэуапу: – Сисыфынкъым сэ мы ЩӀыпӀэм, А иныжьыр къэзмыхутэу.— Елбэздыкъуэ, 7
+3 örnek
Астемыр и гугъакъым абыкӀэ къеупщӀыну, хьжымрэ абырэ зэрызэзауэрэ мащӀэ щӀат, уеблэмэ ар къыщыхъуа къуажэм ящыгъупщэжати, зыми и гум къэкӀыжыххэртэкъым, арщхьэкӀэ, абы хуэдэр зыщымыгъупщэ щыӀэу къыщӀэкӀынти, тетыр къзыщӀэупщӀэм и жэуапыр етын хуейт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 119
Жэуап къыпыхын(3). УпщӀэм зэгуэр къыпегъэдзын. Абы фӀэкӀа [унафэщӀым] жэуап къыщыпимыхым, я унэ къэсыжыхукӀэ гъащ [фызыр].— Нэгъуху, 34
Жэуапыншэу къэнэн(2). УпщӀэм зыри къыпамыдзын, жэуап имыӀэн, жэуап мыгъуэтын. Хьэбибэ и Ӏэпщэм къыщыщӀэдзауэ и дамэпкъым нэс, е и дамэпкъым къыщыщӀидзэрэ и Ӏэпщэм нэс ипщами, жэуапыншэу укъигъанэркъым, абы жиӀари ПӀытӀу жиӀам нэхърэ нэхъ жэуап пэж хъуауи уолъагъу.— Щынэхужьыкъуэ, 49
Kitapta geçtiği hali
ЖЭУАП ЕТЫН (8). УпщӀэм пэдзын. Мыр иретыр шым жэуапу: – Сисыфынкъым сэ мы ЩӀыпӀэм, А иныжьыр къэзмыхутэу. «Елбэздыкъуэ», 7. Астемыр и гугъакъым абыкӀэ къеупщӀыну, хьжымрэ абырэ зэрызэзауэрэ мащӀэ щӀат, уеблэмэ ар къыщыхъуа къуажэм ящыгъупщэжати, зыми и гум къэкӀыжыххэртэкъым, арщхьэкӀэ, абы хуэдэр зыщымыгъупщэ щыӀэу къыщӀэкӀынти, тетыр къзыщӀэупщӀэм и жэуапыр етын хуейт. Хъуэпсэгъуэ нур, 119. Жэуап къыпыхын (3). УпщӀэм зэгуэр къыпегъэдзын. Абы фӀэкӀа [унафэщӀым] жэуап къыщыпимыхым, я унэ къэсыжыхукӀэ гъащ [фызыр]. Нэгъуху, 34. Жэуапыншэу къэнэн (2). УпщӀэм зыри къыпамыдзын, жэуап имыӀэн, жэуап мыгъуэтын. Хьэбибэ и Ӏэпщэм къыщыщӀэдзауэ и дамэпкъым нэс, е и дамэпкъым къыщыщӀидзэрэ и Ӏэпщэм нэс ипщами, жэуапыншэу укъигъанэркъым, абы жиӀари ПӀытӀу жиӀам нэхърэ нэхъ жэуап пэж хъуауи уолъагъу. Щынэхужьыкъуэ, 49.