жьэгъуэшхэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэжьэгъуашхэ)
Зыгуэр куэдрэ гъэныщкӀуурэ шхын.
ружевать
Выгу зэщӀэщӀахэм бгъэдэт Ӏэщхэри жьэгъуашхэрт.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
жьэгъуэшхэн (мэжьэгъуашхэ) неперех. гл. жевать / Зыгуэр куэдрэ гъэныщкӀуурэ шхын. * Выгу зэщӀэщӀахэм бгъэдэт Ӏэщхэри жьэгъуашхэрт. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэжьэгъуашхэ)
Зыгуэр куэдрэ гъэныщкӀуурэ шхын.
Лу зэрыгъым жэмхэр жьэгъуашхэу къеплъырт, щӀалэ гъыр зыуи кърамыдзэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599
+1 örnek
Тхъэжыгъуэтэкъэ ар: ухъуакӀуэрэ зыбгъэнщӀа нэужь, уетӀысэхрэ ужьэгъуашхэу дыгъэм зебгъэууэ ущылъыныр?— Кхъухь пхэнж, 495
Kitapta geçtiği hali
ЖЬЭГЪУЭШХЭН (мэжьэгъуашхэ) лъэмыӀ. (4). Зыгуэр куэдрэ гъэныщкӀуурэ шхын. Лу зэрыгъым жэмхэр жьэгъуашхэу къеплъырт, щӀалэ гъыр зыуи кърамыдзэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599. Тхъэжыгъуэтэкъэ ар: ухъуакӀуэрэ зыбгъэнщӀа нэужь, уетӀысэхрэ ужьэгъуашхэу дыгъэм зебгъэууэ ущылъыныр? Кхъухь пхэнж, 495.