жьэ кӀуэцӀ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

жьэ

1. Ӏупэхэм, дзэхэм я зэтехьэпӀэм къыщыщӀэдзауэ къурмэкъеищхьэм нэс зэхуакур.

рурот

Жьэм жьэдэлъхьэн. Жьэр ущӀын.

+1 örnek

Зэтрехыр пщащэм и жьэр, жьыр а цӀыкӀум имыгъуэту.— КӀыщокъуэ Алим

2. Бзэ.

руязык (как средство общения)

Жьэр насыпым и щӀэлъэныкъуэщ.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Щхьэм жьэр и лӀыкӀуэщ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (44)

жьэ бзаджэ зэщӀэхын

руговорить грубо, грубить.

жьэ зэщӀэхын

рузаговорить (букв. раскрыть рот).

Абы жиӀэр нэгъуэщӀым жегъэӀи, зым и жьэ зэщӀихынкъым.— Ӏуащхьэмахуэ

{я} жьэ зэсэн

рупривыкнуть к грубостям со стороны друг друга.

жьэ мардэу жыӀэн

рузапросить определенную цену.

жьэ махуэ ипсэлъыкӀын

русказать что-л. к счастью.

жьэ мэхъаджэ

русквернослов.

Зи жьэр мэхъаджэм и Ӏэр сымаджэщ.— Псалъэжьхэр

жьэ мыгъуэ ипсэлъыкӀын

русказать что-л. к несчастью.

жьэ мыгъуэ ишхыдыкӀын

жьэ мыгъуэ ипсэлъыкӀын

жьэкӀэ плъэн

рубыть ротозеем.

жьэкӀэ хэшхыхьын

руесть поедом кого-л.

жьэкӀэ шхын

жьэкӀэ хэшхыхьын

жьэм жьэдэмыкӀын

руне сходить с языка.

жьэм жьэдэхуэн (жьэдыхьэн)

рупопасть на язык.

{и} жьэм къекӀуэ къимыгъанэу

руязык не поворачивается.

жьэм къихь къэмыгъэнэн. {и} жьэм къемыкӀуэн

жьэм къихь къэмыгъэнэн

руругать, поносить кого-л.

{и} жьэм пэшот тегъэуащ

рус пеной у рта.

жьэм хьэкъурт жьэдэлъын. {и} жьэм тхъурымбэ къищӀауэ

- Былымыр нэхъ Ӏущщ фэ нэхърэ, цӀапӀэ гуп! - мэкӀий СулътӀан, и жьэм тхъурымбэ къищӀауэ.— Щомахуэ Амырхъан

жьэм тхъурымбэ къищӀыху псэлъэн

руговорить без умолку (букв. до появления пены у рта).

жьэм хуэхьын

руесть, кушать.

жьэм хьэкъурт жьэдэлъын

румолчать словно воды в рот набрал.

{и} жьэр егъэубыдын

рузаставить кого-л. держать язык за зубами.

{и} жьэр зэтеда хуэдэ

жьэм хьэкъурт жьэдэлъын

Сэри, си жьэ зэтеда хуэдэ, сыщысынкъым.— Къущхьэ Къанщобий

{я} жьэр зэтемызэгъэн

руне уживаться, постоянно ссориться друг с другом.

жьэр зэтенэн

рупотерять дар речи.

- Фи жьэр зэтена, щхьэ зыгуэр жывмыӀэрэ? - жиӀэри старшынэр къэгубжьащ.— КӀыщокъуэ Алим

жьэр зэтепӀэн

жьэр убыдын

жьэр зэтехын

жьэр зэщӀэхын

- Уэсмэн фӀэкӀа зи жьэ зэтезыхыфын фхэмыту ара? - жиӀащ абы.— КӀыщокъуэ Алим

жьэр зэщӀэкъуэн

рупридержать язык, умолкнуть.

жьэр зэщӀэнэн

рупотерять дар речи.

Ахэр фӀыкӀэ къызэрыхуэмыкӀуар фызабэ тхьэмыщкӀэм зэуэ къищӀэри жимыӀэжыф-Ӏауэ и жьэр зэщӀэнащ.— Ӏ. Аб.

жьэр тетӀэщӀэн

руобругать кого-л., выговорить кому-л. все, что накипело на душе.

жьэр убыдын

рудержать язык за зубами.

жьэр утӀыпщын

руразвязать {свой} язык.

жьэр ущӀауэ

рус разинутым ртом.

жьэр ущӀын

руразинуть рот.

{и} жьэр хуэмыубыдын

руне уметь держать язык за зубами.

Ӏэхьмэд и жьэр хуэубыдтэкъым.

{и} жьэр Ӏурыхун

руразинуть рот от удивления.

Мэдж къащтэри и жьэр Ӏурыхуащ.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Мэтхъэныр зыщӀэс пэшым Лу щыщӀыхьэм, занщӀэу и жьэр Ӏурыхуащ.— КӀыщокъуэ Алим

жьэфӀ зэщӀэхын

руговорить громко, грубо.

жьэ бзаджэ

Дыджу, гурыуэу псалъэ.

рузлоязычный

ЦӀыху жьэ бзаджэ.

жьэ кӀуэцӀ

Ӏупэхэм, дзэхэм я зэтехьапӀэм къыщыщӀэдзауэ къурмэкъеищхьэм нэс зэхуакурщ.

руполость рта

жьэ къупщхьэ

Дзэхэр зыхэты нэкӀум хэлъ къупщхьэ.

ручелюсть

Бзу цӀыкӀум и жьэ къупщхьэр щӀэпкӀащ.— Дыщэ кӀанэ

жьэ мафӀэ

Жьэ нахуэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэщ.

ружьэ мыгъуэ см. жьэ бзаджэ 1. жьэ нахуагъэ откровенность

Еплъ: жьэ бзаджэ 1. жьэ мыгъуэ, жьэ бзаджэ 1. жьэ нахуагъэ

жьэ нахуэ

Игу илъыр имыбзыщӀу жызыӀэ.

руоткровенный

ЦӀыху жьэ нахуэ.

жьэ пӀащӀэ 1.

Ӏупэ пӀащӀэ.

рутонкогубый

2. Псэлъэн зыфӀэфӀ, псэлъэрей.

руболтливый, говорливый

жьэ цӀапӀагъэ

Жьэ цӀапӀэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэщ.

русквернословие

жьэ цӀапӀэ

ГуемыӀуу псалъэ.

русевернослов

жьэ Ӏушэ

Зи жьэр, Ӏупэр ешэкӀауэ щыт.

рукосоротый

Kitapta geçtiği hali

жьэ 1. рот / Ӏупэхэм, дзэхэм я зэтехьэпӀэм къыщыщӀэдзауэ къурмэкъеищхьэм нэс зэхуакур. Жьэм жьэдэлъхьэн. Жьэр ущӀын. * Зэтрехыр пщащэм и жьэр, жьыр а цӀыкӀум имыгъуэту. КӀ. А. 2. язык (как средство общения) / Бзэ. * Жьэр насыпым и щӀэлъэныкъуэщ. (погов.) Щхьэм жьэр и лӀыкӀуэщ. (погов.) Жьэ бзаджэ зэщӀэхын говорить грубо, грубить. Жьэ зэщӀэхын заговорить (букв. раскрыть рот). * Абы жиӀэр нэгъуэщӀым жегъэӀи, зым и жьэ зэщӀихынкъым. Ӏуащхь. {Я} жьэ зэсэн привыкнуть к грубостям со стороны друг друга. Жьэ мардэу жыӀэн запросить определенную цену. Жьэ махуэ ипсэлъыкӀын сказать что-л. к счастью. Жьэ мэхъаджэ сквернослов. * Зи жьэр мэхъаджэм и Ӏэр сымаджэщ. (погов.) Жьэ мыгъуэ ипсэлъыкӀын сказать что-л. к несчастью. Жьэ мыгъуэ ишхыдыкӀын = жьэ мыгъуэ ипсэлъыкӀын. ЖьэкӀэ плъэн быть ротозеем. ЖьэкӀэ хэшхыхьын есть поедом кого-л. ЖьэкӀэ шхын = жьэкӀэ хэшхыхьын. Жьэм жьэдэмыкӀын не сходить с языка. Жьэм жьэдэхуэн (жьэдыхьэн) попасть на язык. {И} жьэм къекӀуэ къимыгъанэу = жьэм къихь къэмыгъэнэн. {И} жьэм къемыкӀуэн язык не поворачивается. Жьэм къихь къэмыгъэнэн ругать, поносить кого-л. {И} жьэм пэшот тегъэуащ = жьэм хьэкъурт жьэдэлъын. {И} жьэм тхъурымбэ къищӀауэ с пеной у рта. * - Былымыр нэхъ Ӏущщ фэ нэхърэ, цӀапӀэ гуп! - мэкӀий СулътӀан, и жьэм тхъурымбэ къищӀауэ. Щ. Ам. Жьэм тхъурымбэ къищӀыху псэлъэн говорить без умолку (букв. до появления пены у рта). Жьэм хуэхьын есть, кушать. Жьэм хьэкъурт жьэдэлъын молчать словно воды в рот набрал. {И} жьэр егъэубыдын заставить кого-л. держать язык за зубами. {И} жьэр зэтеда хуэдэ = жьэм хьэкъурт жьэдэлъын. * Сэри, си жьэ зэтеда хуэдэ, сыщысынкъым. Къу. Къ. {Я} жьэр зэтемызэгъэн не уживаться, постоянно ссориться друг с другом. Жьэр зэтенэн потерять дар речи. * - Фи жьэр зэтена, щхьэ зыгуэр жывмыӀэрэ? - жиӀэри старшынэр къэгубжьащ. КӀ. А. Жьэр зэтепӀэн = жьэр убыдын. Жьэр зэтехын = жьэр зэщӀэхын. * - Уэсмэн фӀэкӀа зи жьэ зэтезыхыфын фхэмыту ара? - жиӀащ абы. КӀ. А. Жьэр зэщӀэкъуэн придержать язык, умолкнуть. Жьэр зэщӀэнэн потерять дар речи. * Ахэр фӀыкӀэ къызэрыхуэмыкӀуар фызабэ тхьэмыщкӀэм зэуэ къищӀэри жимыӀэжыф-Ӏауэ и жьэр зэщӀэнащ. Ӏ. Аб. Жьэр тетӀэщӀэн обругать кого-л., выговорить кому-л. все, что накипело на душе. Жьэр убыдын держать язык за зубами. Жьэр утӀыпщын развязать {свой} язык. Жьэр ущӀауэ с разинутым ртом. Жьэр ущӀын разинуть рот. {И} жьэр хуэмыубыдын не уметь держать язык за зубами. Ӏэхьмэд и жьэр хуэубыдтэкъым. {И} жьэр Ӏурыхун разинуть рот от удивления. * Мэдж къащтэри и жьэр Ӏурыхуащ. Ӏуащхь. Мэтхъэныр зыщӀэс пэшым Лу щыщӀыхьэм, занщӀэу и жьэр Ӏурыхуащ. КӀ. А. ЖьэфӀ зэщӀэхын говорить громко, грубо. жьэ бзаджэ злоязычный / Дыджу, гурыуэу псалъэ. ЦӀыху жьэ бзаджэ. жьэ кӀуэцӀ полость рта / Ӏупэхэм, дзэхэм я зэтехьапӀэм къыщыщӀэдзауэ къурмэкъеищхьэм нэс зэхуакурщ. жьэ къупщхьэ челюсть / Дзэхэр зыхэты нэкӀум хэлъ къупщхьэ. * Бзу цӀыкӀум и жьэ къупщхьэр щӀэпкӀащ. Дыщэ кӀ. жьэ мафӀэ см. жьэ бзаджэ 1. жьэ мыгъуэ см. жьэ бзаджэ 1. жьэ нахуагъэ откровенность / Жьэ нахуэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэщ. жьэ нахуэ откровенный / Игу илъыр имыбзыщӀу жызыӀэ. ЦӀыху жьэ нахуэ. жьэ пӀащӀэ 1. тонкогубый / Ӏупэ пӀащӀэ. 2. болтливый, говорливый / Псэлъэн зыфӀэфӀ, псэлъэрей. жьэ цӀапӀагъэ сквернословие / Жьэ цӀапӀэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэщ. жьэ цӀапӀэ севернослов / ГуемыӀуу псалъэ. жьэ Ӏушэ косоротый / Зи жьэр, Ӏупэр ешэкӀауэ щыт.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

ağızanatomi

Düzeltme Öner

жьэ кӀуэцӀ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.