жыхьэнмэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1.

руад

2.

руадский

3.

рутяжелая жизнь

Kitapta geçtiği hali

жыхьэнмэ 1. ад 2. в знач. прил. адский 3. перен. тяжелая жизнь

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Муслъымэн диным зэрыжиӀэмкӀэ, цӀыху лӀам дунеягъэкӀэ илэжьа мыхъумыщӀагъэхэм, зэрихьа лейм папщӀэ къихьа гуэныхьхэр ипшыныжу ахърэтым зыщыхагъэсхьэну мафӀэ гуащӀэрщ.

ПщафӀэр апхуэдизкӀэ гужьеяти, иджыпсту жыхьэнмэм кӀуэ жаӀамэ, кӀуэуэ и курыкупсэм хэтӀысхьэну хьэзырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 174

+2 örnek

ДунейкӀэ цӀыхум жыхьэнымэкӀэ хуэупсам и гъуэгу дахэ хъунукъым, лъэпэрапэ защӀэу, и кӀэтӀийр и вакъэ лъэпсу, и дунейр дэгъэзеигъуэ защӀэу Алыхьым къыхуиуха дыдэм «шокъу» жиӀэу хуэзэнущ.— ГущӀэгъу, 425

Лъэпщ сыджым теуӀуэу жиӀа тхьэлъанэр тхьэм и деж нэсу щытащ, дэри сыджым дыбгъэдэтщ; жэнэтым ущыгугъым укъопцӀэ, жыхьэнмэм и курыкупсэм укӀуэнущ, Къэрэжь.— Лъапсэ, 104

2. Гугъуехь егъэлея зыхэлъ, гузэвэгъуэ, хэкӀыпӀэншэ.

– ДунейкӀэ жыхьэнмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, - жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзэмэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь.— Лыгъэ, 412

+1 örnek

Дзэр жыхьэнмэм и курыкупсэм щихуэкӀэ псэ зыӀутыр мыгужьейуэ къэнэнт?— Лыгъэ, 412

Deyimler (3)

жыхьэнмэм ихуэн

Шынагъуэшхуэ ирихьэлӀэн.

Дзэр жынэнымэм и курыкупсэм щихуэкӀэ псэ зыӀутыр мыгужьейуэ къэнэн?— Лыгъэ, 412

жыхьэнмэ пхъэ дакъэжь

Жыхьэнмэ курыкупсэр зи Ӏыхьэ, зи гъуэгу (лей куэд зезыхьам хужаӀэ).

– Мо повар нэ плъыжьыжьыр аращ жыхьэнмэ пхъэ дакъэжь хъунур, фымыгузавэ!— Хъуэпсэгъуэ нур, 174

жыхьэнмэ мафӀэ

Зауэ лыгъей.

Нэмыцэм я нэр къыщхьэрипхъуауэ дзэр жыхьэнмэ мафӀэм хахуэ, къалэр къащтэну еӀэурэ я кӀэтӀийр зэпытхъыным нэащ.— Нал къута, 256

+1 örnek

Шуудзэ хъарзынэр дунейкӀэ жыхьэнмэ мафӀэм хэзгъэкӀуэдащ, гуэныхь ин къэсхьащ жиӀэри, тридзэри хьэжыщӀ кӀуэгъуэм зригъэхьэлӀэри хьэж ищӀыну ежьащ, зэрежьари адрейхэр зэрежьам хуэдэт?

Kitapta geçtiği hali

ЖЫХЬЭНМЭ (17). 1. (13). Муслъымэн диным зэрыжиӀэмкӀэ, цӀыху лӀам дунеягъэкӀэ илэжьа мыхъумыщӀагъэхэм, зэрихьа лейм папщӀэ къихьа гуэныхьхэр ипшыныжу ахърэтым зыщыхагъэсхьэну мафӀэ гуащӀэрщ. ПщафӀэр апхуэдизкӀэ гужьеяти, иджыпсту жыхьэнмэм кӀуэ жаӀамэ, кӀуэуэ и курыкупсэм хэтӀысхьэну хьэзырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 174. ДунейкӀэ цӀыхум жыхьэнымэкӀэ хуэупсам и гъуэгу дахэ хъунукъым, лъэпэрапэ защӀэу, и кӀэтӀийр и вакъэ лъэпсу, и дунейр дэгъэзеигъуэ защӀэу Алыхьым къыхуиуха дыдэм «шокъу» жиӀэу хуэзэнущ. ГущӀэгъу, 425. Лъэпщ сыджым теуӀуэу жиӀа тхьэлъанэр тхьэм и деж нэсу щытащ, дэри сыджым дыбгъэдэтщ; жэнэтым ущыгугъым укъопцӀэ, жыхьэнмэм и курыкупсэм укӀуэнущ, Къэрэжь. Лъапсэ, 104. 2. (4). зэхь. Гугъуехь егъэлея зыхэлъ, гузэвэгъуэ, хэкӀыпӀэншэ. – ДунейкӀэ жыхьэнмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, - жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзэмэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь. Лыгъэ, 412. Дзэр жыхьэнмэм и курыкупсэм щихуэкӀэ псэ зыӀутыр мыгужьейуэ къэнэнт? Лыгъэ, 412. ◊ Жыхьэнмэм ихуэн (1). Шынагъуэшхуэ ирихьэлӀэн. Дзэр жынэнымэм и курыкупсэм щихуэкӀэ псэ зыӀутыр мыгужьейуэ къэнэн? Лыгъэ, 412. Жыхьэнмэ пхъэ дакъэжь (2). Жыхьэнмэ курыкупсэр зи Ӏыхьэ, зи гъуэгу (лей куэд зезыхьам хужаӀэ). – Мо повар нэ плъыжьыжьыр аращ жыхьэнмэ пхъэ дакъэжь хъунур, фымыгузавэ! Хъуэпсэгъуэ нур, 174. Жыхьэнмэ мафӀэ (2). Зауэ лыгъей. Нэмыцэм я нэр къыщхьэрипхъуауэ дзэр жыхьэнмэ мафӀэм хахуэ, къалэр къащтэну еӀэурэ я кӀэтӀийр зэпытхъыным нэащ. Нал къута, 256. Шуудзэ хъарзынэр дунейкӀэ жыхьэнмэ мафӀэм хэзгъэкӀуэдащ, гуэныхь ин къэсхьащ жиӀэри, тридзэри хьэжыщӀ кӀуэгъуэм зригъэхьэлӀэри хьэж ищӀыну ежьащ, зэрежьари адрейхэр зэрежьам хуэдэт?

Düzeltme Öner

жыхьэнмэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.