жыраслъэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхухъуцӀэщ, «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ», «Эмирым и сэшхуэ» романхэм къыхощ.
Абрэджым я пашэу къалъытэр Жыраслъэнт, арщхьэкӀэ Жыраслъэн большевикым я лъэныкъуэ зищӀат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621
+2 örnek
Ауэ Жыраслъэн шэсакъэ – нэгъуэщӀ зыгуэр мэхъу, псалъэ куэд жимыӀэу, шым тесу умыщӀэу, бгыщхьэ бгъэжь плъэкӀэу плъэуэ, и занщӀэу здэплъэм и щӀыбагъымкӀэ щыӀэри илъагъуу, зэщӀэдэӀукӀмэ, дэнэ щыцырхъри зэхихыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 86
Берд и фызымрэ езы Жыраслъэн и гуащэмрэ зэгъусэу Сэид и унэр хэщӀапӀэ ящӀауэ щыӀэт, дыцӀыхубзщ, ди гугъу къащӀынкъым, Алыхьым дыкъихъумэнщ, жаӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 256
Kitapta geçtiği hali
ЖЫРАСЛЪЭН (258). ЦӀыхухъуцӀэщ, «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ», «Эмирым и сэшхуэ» романхэм къыхощ. Абрэджым я пашэу къалъытэр Жыраслъэнт, арщхьэкӀэ Жыраслъэн большевикым я лъэныкъуэ зищӀат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621. Ауэ Жыраслъэн шэсакъэ – нэгъуэщӀ зыгуэр мэхъу, псалъэ куэд жимыӀэу, шым тесу умыщӀэу, бгыщхьэ бгъэжь плъэкӀэу плъэуэ, и занщӀэу здэплъэм и щӀыбагъымкӀэ щыӀэри илъагъуу, зэщӀэдэӀукӀмэ, дэнэ щыцырхъри зэхихыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 86. Берд и фызымрэ езы Жыраслъэн и гуащэмрэ зэгъусэу Сэид и унэр хэщӀапӀэ ящӀауэ щыӀэт, дыцӀыхубзщ, ди гугъу къащӀынкъым, Алыхьым дыкъихъумэнщ, жаӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 256.