жыг хадэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэ жыгхэр зэрыт хадэ.
Уафэгъуэгъуэ уэшхышхуэ къыщешхым къуажэр умылъагъуу кӀыфӀ хъуат, уэшх Ӏэуэлъауэм фӀэкӀа зыри зэхыумыхыу, джэд, къаз, хьэ сытхэри гъущапӀэ гуэрым щӀэпщхьауэ щӀэст, жьыбгъэр жыг хадэм илъэдауэ мыӀэрысэ цӀынэр къыпигъэлъэлъырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 50
+2 örnek
Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270
Жыг хадэм зуплъыхьамэ, Уэ зыдэбгъазэм итщ кхъужьей.— Кхъужьей. «Щхьэлыкъуэ», 380
2. Жыг, удз гъэгъа иту зыщыгъэпсэхуным хухэха щӀыпӀэ; парк.
Къэрэгъулым и гур ХьэтӀохъущокъуэ къалэм дэт жыг хадэшхуэр хезыгъэсауэ щытам деж жащ, ар и гум къыщӀэкӀар имыщӀэу.— Лъапсэ, 50
Kitapta geçtiği hali
ЖЫГ ХАДЭ (20). 1. (9). Пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэ жыгхэр зэрыт хадэ. Уафэгъуэгъуэ уэшхышхуэ къыщешхым къуажэр умылъагъуу кӀыфӀ хъуат, уэшх Ӏэуэлъауэм фӀэкӀа зыри зэхыумыхыу, джэд, къаз, хьэ сытхэри гъущапӀэ гуэрым щӀэпщхьауэ щӀэст, жьыбгъэр жыг хадэм илъэдауэ мыӀэрысэ цӀынэр къыпигъэлъэлъырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 50. Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. Жыг хадэм зуплъыхьамэ, Уэ зыдэбгъазэм итщ кхъужьей. Кхъужьей. «Щхьэлыкъуэ», 380. 2. (11). Жыг, удз гъэгъа иту зыщыгъэпсэхуным хухэха щӀыпӀэ; парк. Къэрэгъулым и гур ХьэтӀохъущокъуэ къалэм дэт жыг хадэшхуэр хезыгъэсауэ щытам деж жащ, ар и гум къыщӀэкӀар имыщӀэу. Лъапсэ, 50.