жаншэрхъ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Нартхэр зэрыджэгуу, зэрызэпеуэу щыта, дзакӀэ жан зиӀэ жыр шэрхъ. -70.
Псалъэ щыпткӀэ, мывэр псынщӀэщ, Бгым Жаншэрхъыу ар къожэх, ЩыбгъэпэжкӀэ, мэхъур хьэлъи, ПхуэмыӀэту уегъэмэх.— Псалъэ щыпткӀэ. «Дамыгъэ», 116
+1 örnek
СосрыкъуапцӀэм Жаншэрхъыр Бийм хуигъэпсауэ хьэзыру Бгым тетщ, зэхиукӀауэ и нэщхъыр – Къыдоджэр зауэм дишэну. Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. Пшэр елыпщӀ жыпӀэну, пшэ щӀагъым Жаншэрхъ плъыжьым ещхьу дыгъэр къыщӀокӀ, зылъэӀэсыр игъэлыгъуэу, дунейри мащӀэ-мащӀэурэ нэхъ нэху мэхъу, хьэкӀэкхъуэкӀэр псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэхэр нэхъ уигъэлъагъуу.— Лъапсэ, 69
Kitapta geçtiği hali
ЖАНШЭРХЪ (4). миф. Нартхэр зэрыджэгуу, зэрызэпеуэу щыта, дзакӀэ жан зиӀэ жыр шэрхъ. Псалъэ щыпткӀэ, мывэр псынщӀэщ, Бгым Жаншэрхъыу ар къожэх, ЩыбгъэпэжкӀэ, мэхъур хьэлъи, ПхуэмыӀэту уегъэмэх. Псалъэ щыпткӀэ. «Дамыгъэ», 116. СосрыкъуапцӀэм Жаншэрхъыр Бийм хуигъэпсауэ хьэзыру Бгым тетщ, зэхиукӀауэ и нэщхъыр – Къыдоджэр зауэм дишэну. Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. Пшэр елыпщӀ жыпӀэну, пшэ щӀагъым Жаншэрхъ плъыжьым ещхьу дыгъэр къыщӀокӀ, зылъэӀэсыр игъэлыгъуэу, дунейри мащӀэ-мащӀэурэ нэхъ нэху мэхъу, хьэкӀэкхъуэкӀэр псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэхэр нэхъ уигъэлъагъуу. Лъапсэ, 69-70.