жагъуэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Мыгуапэ, лъагъугъуей.
рунеприятный, противный
ЦӀыху жагъуэ. Псалъэ жагъуэ.
Bu maddedeki ifadeler (3)
[и] жагъуэ хъун (щыхъун)
ру1) обидеться на что-л. 2) опечалиться чем-л. И анэм жиӀар Ленэ и жагъуэ хъуащ. Къ. Хь.
[и] жагъуэ щӀын
руобидеть кого-л.
[и] жагъуэ и щӀасэми
руволей неволей, нравится это ему или нет
Kitapta geçtiği hali
жагъуэ неприятный, противный / Мыгуапэ, лъагъугъуей. ЦӀыху жагъуэ. Псалъэ жагъуэ. [и] жагъуэ хъун (щыхъун) 1) обидеться на что-л. 2) опечалиться чем-л. И анэм жиӀар Ленэ и жагъуэ хъуащ. Къ. Хь. [и] жагъуэ щӀын обидеть кого-л. [и] жагъуэ и щӀасэми волей неволей, нравится это ему или нет
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (3)
[и] жагъуэ хъун
Зыгуэр фӀэфӀ мыхъун, иригузэвэн.
Бзэр адэ-анэм сагъэщӀащи, Сэ яхузощӀыр тӀуми фӀыщӀэ, Ауэ си жагъуэ мэхъу зы закъуэ – Си быным си бзэр зэримыщӀэр.— Дунейр мычэму къощӀэращӀэ. «Дамыгъэ», 237
+2 örnek
ЦӀыхухъухэр гъуо джа нэужь, щӀэх гъуэлъыжыфыртэкъым, аргуэру сыту пӀэрэ зэӀущӀэ щӀыщыӀэр, жаӀэу гупсысэрт, я жагъуэ хъурт хадэ пщӀэн, мэкъу еуэн, е нэгъуэщӀ Ӏуэху къагъанэу зэӀущӀэм зэрыкӀуэнур.— Хъуэпсэгъуэ нур, 82
[Дадэм:] Мэлри мыбзэхащэрэт абы хуэдэ къабзэу, тепщэч къудей къутэмэ уи жагъуэ мэхъу.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 147
[и] жагъуащэ хъун
Егъэлеяуэ зыгуэр жагъуэ щыхъун.
ЩӀалэм [ЛӀыгъур Ибрэхьим] къыщыщӀар и жагъуащэ хъуауэ, Алий усэ тӀэкӀуи хузэхилъхьащ, мы псалъэхэр хэту: Ем и щӀасэр къыщыхашэм, И шэрэзыр жьэдачащ…— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532
[и] жагъуэ щӀын
Зыгуэрым егуэуэн, и гуапэ мыхъун гуэр лэжьын, зэхегъэхын.
Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607
+2 örnek
Езы Апчари къэгузэвэжащ, си анэм и жагъуэ щхьэ сщӀа, жиӀэу.— Нал къута, 224
Нэхъ къызыгурыӀуэхэр фыз хъыбар щхьэкӀэ пхуэгузэвэнутэкъым, ауэ Долэт елъэбышауэу къиджэдыхьурэ хэт хуэзэми и щхьэ фӀы хужиӀэжу, игъащӀэм цӀыхум и жагъуэ имыщӀауэ, уеблэмэ жэм щыс къыщимыхуауэ тхьэ иӀуэу уэрамым къыдыхьати, дунейм зыгуэр зэрыщыщыӀэм Ӏэджэм гу лъатащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 303
Kitapta geçtiği hali
ЖАГЪУЭ: ◊ [и] жагъуэ хъун (48). Зыгуэр фӀэфӀ мыхъун, иригузэвэн. Бзэр адэ-анэм сагъэщӀащи, Сэ яхузощӀыр тӀуми фӀыщӀэ, Ауэ си жагъуэ мэхъу зы закъуэ – Си быным си бзэр зэримыщӀэр. Дунейр мычэму къощӀэращӀэ. «Дамыгъэ», 237. ЦӀыхухъухэр гъуо джа нэужь, щӀэх гъуэлъыжыфыртэкъым, аргуэру сыту пӀэрэ зэӀущӀэ щӀыщыӀэр, жаӀэу гупсысэрт, я жагъуэ хъурт хадэ пщӀэн, мэкъу еуэн, е нэгъуэщӀ Ӏуэху къагъанэу зэӀущӀэм зэрыкӀуэнур. Хъуэпсэгъуэ нур, 82. [Дадэм:] Мэлри мыбзэхащэрэт абы хуэдэ къабзэу, тепщэч къудей къутэмэ уи жагъуэ мэхъу. Тепщэч къэзылъэтыхь, 147. [И] жагъуащэ хъун (1). Егъэлеяуэ зыгуэр жагъуэ щыхъун. ЩӀалэм [ЛӀыгъур Ибрэхьим] къыщыщӀар и жагъуащэ хъуауэ, Алий усэ тӀэкӀуи хузэхилъхьащ, мы псалъэхэр хэту: Ем и щӀасэр къыщыхашэм, И шэрэзыр жьэдачащ…Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. [И] жагъуэ щӀын (29). Зыгуэрым егуэуэн, и гуапэ мыхъун гуэр лэжьын, зэхегъэхын. Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. Езы Апчари къэгузэвэжащ, си анэм и жагъуэ щхьэ сщӀа, жиӀэу. Нал къута, 224. Нэхъ къызыгурыӀуэхэр фыз хъыбар щхьэкӀэ пхуэгузэвэнутэкъым, ауэ Долэт елъэбышауэу къиджэдыхьурэ хэт хуэзэми и щхьэ фӀы хужиӀэжу, игъащӀэм цӀыхум и жагъуэ имыщӀауэ, уеблэмэ жэм щыс къыщимыхуауэ тхьэ иӀуэу уэрамым къыдыхьати, дунейм зыгуэр зэрыщыщыӀэм Ӏэджэм гу лъатащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 303.