ехъуэпсэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
кӀэхъопсын/щӀэхъуэпсын, ехъопсэн/ехъуэпсэн; GIPTA ETMEK (bir şeye ~)
щӀэхъуэпсын/кӀэхъопсын, ехъопсэн/ ехъуэпсэн; GIPTA ETMEK (bir şeye ~)
ехъопсэн/ехъуэпсэн (ехъуапсэ/ йохъуапсэ); кӀэхъопсын/щӀэхъуэпсын (кӀэхъопсн/щӀохъуэпс); (Абз. ЕХЪОПСЭРЭ) → хъопсэн; İMRENMEK, GIPTA ETMEK (birine ~)
ехъуэпсэн/ехъопсэн, кӀэхъопсын/ щӀэхъуэпсын → хъопсэн; İMRENMEK; GIPTA ETMEK (birine ~)
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: хъопсэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йохъуапсэ)
1. Зыгуэрым иӀэр сиӀарэт, ищӀэр сщӀарэт, хуэдэу сыщытарэт жыӀэн.
рузавидовать по-хорошему кому-л.
Нып плъыжьыр зыхьым фехъуапсэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
+1 örnek
Шорэ щысщ, Степан Игнатьевич псынщӀэу зэрытхэфым йохъуапсэри.— Шортэн Аскэрбий
2. Зыгуэрым дихьэхы, зыгуэр гум ирихьын.
руувлечься кем-чем-л.
ЩӀалэр дахэм ехъуэпсащ.— Акъсырэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
ехъуэпсэн (йохъуапсэ) неперех. гл. 1. завидовать по-хорошему кому-л. / Зыгуэрым иӀэр сиӀарэт, ищӀэр сщӀарэт, хуэдэу сыщытарэт жыӀэн. * Нып плъыжьыр зыхьым фехъуапсэ. П. Б. Шорэ щысщ, Степан Игнатьевич псынщӀэу зэрытхэфым йохъуапсэри. Ш. А. 2. переносное увлечься кем-чем-л. / Зыгуэрым дихьэхы, зыгуэр гум ирихьын. * ЩӀалэр дахэм ехъуэпсащ. Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йохъуапсэ)
1. Зыгуэр егъэлеяуэ уигу ирихьын, уиӀэну уи нэ къыхуикӀын.
Мей къуацэм гъэмахуэм пыз мэхъур Къудамэм пыблэблу мы куэд, Зылъагъур йохъуапсэр мы плъыжьхэм, Ар бжьыхьэм полъэлъыр, мэкӀуэд…— Мей. «Шум и гъуэгу», 74
+2 örnek
Дыщэ тхьэкӀумэ тхьэгъу дахэ щӀыи, ар къепхьэкӀыу къэкӀухь, къехъуапсэу «къызэщэ» жиӀэу къолъэӀун тхьэӀухуд гуэр ухуэзэху.— Лъапсэ, 110
Фызабэр гъуэлъыпӀэм емыхъуапсэу къэнэнт, адэкӀэ-мыдэкӀэ къекӀуэкӀыурэ еплъырт, мыр Мусэ лъымысу сэ къыслъысащэрэт, жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 54
2. Зыгуэрым дихьэхын, игу ирихьын.
Дэрдэхь кӀэрахъуэм шэ из ищӀри, кӀэрахъуалъэм изолъхьэж иджы щыжиӀэ дыдэм лӀы къыхуэзар хъыджэбз цӀыкӀум къеплъри гу лъитащ ар хъыджэбз дахэ дыдэ зэрыхъуным икӀи, къехъуэпсауэ къыщӀэкӀынти, ӀуимыгъэкӀыжу занщӀэу къэпсэлъащ къехь-нехьэкӀ хэмылъу: – Дэрдэхь, уи хъыджэбз цӀыкӀур къызэт згъэфызыну,– жиӀэри.— Хьэсэпэхъумэ, 419
Kitapta geçtiği hali
ЕХЪУЭПСЭН (йохъуапсэ) лъэмыӀ. (35). 1. (32). Зыгуэр егъэлеяуэ уигу ирихьын, уиӀэну уи нэ къыхуикӀын. Мей къуацэм гъэмахуэм пыз мэхъур Къудамэм пыблэблу мы куэд, Зылъагъур йохъуапсэр мы плъыжьхэм, Ар бжьыхьэм полъэлъыр, мэкӀуэд… Мей. «Шум и гъуэгу», 74. Дыщэ тхьэкӀумэ тхьэгъу дахэ щӀыи, ар къепхьэкӀыу къэкӀухь, къехъуапсэу «къызэщэ» жиӀэу къолъэӀун тхьэӀухуд гуэр ухуэзэху. Лъапсэ, 110. Фызабэр гъуэлъыпӀэм емыхъуапсэу къэнэнт, адэкӀэ-мыдэкӀэ къекӀуэкӀыурэ еплъырт, мыр Мусэ лъымысу сэ къыслъысащэрэт, жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 54. 2. (3). Зыгуэрым дихьэхын, игу ирихьын. Дэрдэхь кӀэрахъуэм шэ из ищӀри, кӀэрахъуалъэм изолъхьэж иджы щыжиӀэ дыдэм лӀы къыхуэзар хъыджэбз цӀыкӀум къеплъри гу лъитащ ар хъыджэбз дахэ дыдэ зэрыхъуным икӀи, къехъуэпсауэ къыщӀэкӀынти, ӀуимыгъэкӀыжу занщӀэу къэпсэлъащ къехь-нехьэкӀ хэмылъу: – Дэрдэхь, уи хъыджэбз цӀыкӀур къызэт згъэфызыну,– жиӀэри. Хьэсэпэхъумэ, 419.