ехъуэжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(ирехъуэж)

Зыгуэрым зыгуэр къеӀыхыу нэгъуэщӀ етын.

рупоменять, обменять что-л. на что-л.

Щхьэл мывэр зыщэхум иращэрт, ахъшэ зимыӀэм хьэжыгъэкӀэ, пхъэбгъукӀэ е лыкӀэ ирахъуэжырт.— КӀыщокъуэ Алим

(йохъуэж)

Уимыхамэ гуэрым щэхуу бзаджэнаджагъэ кӀэлъызехьэн.

рупоступить коварно по отношению к близкому человеку

Къомыхъуэжынур, къомыщыжынур уи анэрэ уи нитӀрэщ.— Псалъэжьхэр

Kitapta geçtiği hali

ехъуэжын I (ирехъуэж) перех. гл. поменять, обменять что-л. на что-л. / Зыгуэрым зыгуэр къеӀыхыу нэгъуэщӀ етын. * Щхьэл мывэр зыщэхум иращэрт, ахъшэ зимыӀэм хьэжыгъэкӀэ, пхъэбгъукӀэ е лыкӀэ ирахъуэжырт. КӀ. А. II (йохъуэж) поступить коварно по отношению к близкому человеку / Уимыхамэ гуэрым щэхуу бзаджэнаджагъэ кӀэлъызехьэн. * Къомыхъуэжынур, къомыщыжынур уи анэрэ уи нитӀрэщ. (погов.)

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(ирехъуэж)

Зыгуэрым зыгуэр къеӀыхыу абы пэкӀуэу нэгъуэщӀ етын.

ХьэкурынэкӀэ зэджэ гъукӀэр абы ейти, зыгуэрым срещэ е срехъуэжри сегъэунэхъу жиӀэу гузавэу щытт, и нитӀыр Къетау тенауэ.— Лъапсэ, 61

Kitapta geçtiği hali

ЕХЪУЭЖЫН (ирехъуэж) лъэӀ. (2). Зыгуэрым зыгуэр къеӀыхыу абы пэкӀуэу нэгъуэщӀ етын. ХьэкурынэкӀэ зэджэ гъукӀэр абы ейти, зыгуэрым срещэ е срехъуэжри сегъэунэхъу жиӀэу гузавэу щытт, и нитӀыр Къетау тенауэ. Лъапсэ, 61.

Düzeltme Öner

ехъуэжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.