ехулӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(ирехулӀэ)
1. Зыгуэрым и гъунэгъу хъуху зыгуэр хун, бгъэдэхуэн, нэхусын. Зыгуэр хэгъэзыхьу зыгуэр егъэщӀэн.
руподогнать близко кого-л. к кому-чему-л., пригнать кого- что-л. куда-л.
Ӏэщхэр псы Ӏуфэм ехулӀэн. Машинэр куэбжэм ехулӀэн. 2. переносное принудить кого-л. к чему-л.
+1 örnek
Дэ а зауэм зыкӀи дыхуеякъым - залымыгъэкӀэ драхулӀащ.— Акъсырэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
ехулӀэн (ирехулӀэ) перех. гл. 1. подогнать близко кого-л. к кому-чему-л., пригнать кого- что-л. куда-л. / Зыгуэрым и гъунэгъу хъуху зыгуэр хун, бгъэдэхуэн, нэхусын. Ӏэщхэр псы Ӏуфэм ехулӀэн. Машинэр куэбжэм ехулӀэн. 2. переносное принудить кого-л. к чему-л. / Зыгуэр хэгъэзыхьу зыгуэр егъэщӀэн. * Дэ а зауэм зыкӀи дыхуеякъым - залымыгъэкӀэ драхулӀащ. Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ирехулӀэ)
1. Зыгуэрым и гъунэгъу дыдэ хъуху зыгуэр хун, бгъэдэхуэн.
Нэмыцэ сэлэт гуэрым Хьэбибэ къыӀуидзри жэмыр грузовикым ирихулӀащ.— Нал къута, 290
+1 örnek
Гъуэгушхуэ дапщэ зэпысчами Уи деж си гъуэгур нызохулӀэ.— Макъамэ дахэ уэ хъу закъуэ, 88
2. Зыгуэр хэгъэзыхьу зыгуэр егъэщӀэн.
И анэр лъэрымыхь хъуа пэтми, къимыгъанэу ирихулӀащ: – КӀуэи, уи унэ щӀэсыж, тӀысэ!— Къалэн, 435
+2 örnek
Мысости къызэрыкӀащ: – ЛӀо, нэмыцэм ди нартыхур дедгъэшыну ара – щхьэ епхулӀауэ къыдебгъэчрэ?— Нал къута, 275
Матренэ къэкӀуахэр къыщӀэкӀуар къыщищӀэм, жаӀари щызэхихым, гужьеижат, сэ жысӀа къомыр щхьэ жысӀа, хэт сезыхулӀар, лей жысӀагъэнкӀэ хъунщ, жыхуиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 562
Kitapta geçtiği hali
ЕХУЛӀЭН (ирехулӀэ) лъэӀ. (14). 1. (7). Зыгуэрым и гъунэгъу дыдэ хъуху зыгуэр хун, бгъэдэхуэн. Нэмыцэ сэлэт гуэрым Хьэбибэ къыӀуидзри жэмыр грузовикым ирихулӀащ. Нал къута, 290. Гъуэгушхуэ дапщэ зэпысчами Уи деж си гъуэгур нызохулӀэ. Макъамэ дахэ уэ хъу закъуэ, 88. 2. (7). Зыгуэр хэгъэзыхьу зыгуэр егъэщӀэн. И анэр лъэрымыхь хъуа пэтми, къимыгъанэу ирихулӀащ: – КӀуэи, уи унэ щӀэсыж, тӀысэ! Къалэн, 435. Мысости къызэрыкӀащ: – ЛӀо, нэмыцэм ди нартыхур дедгъэшыну ара – щхьэ епхулӀауэ къыдебгъэчрэ? Нал къута, 275. Матренэ къэкӀуахэр къыщӀэкӀуар къыщищӀэм, жаӀари щызэхихым, гужьеижат, сэ жысӀа къомыр щхьэ жысӀа, хэт сезыхулӀар, лей жысӀагъэнкӀэ хъунщ, жыхуиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 562.