етӀысылӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йотӀысылӀэ)
1. Зыгуэрым и гъунэгъу дыдэу тӀысын.
руподсесть вплотную к кому-чему-л.
Блыным етӀысылӀэн. Ӏэнэм етӀысылӀэн.
2. Унагъуэу псэуну зыгуэрым бгъэдэтӀысхьэн.
рупоселиться около чего-л.
Псы Ӏуфэм етӀысылӀэн.
+1 örnek
Пщы ерухэм зыкърагъэлын папщӀэ, пщылӀхэм я щхьэр щӀахьэри Мэздэгу йотӀысылӀэ.— Шортэн Аскэрбий
3. Зы Ӏуэху гуэр и ужь ихьэн, зыгуэр гъэзэщӀэну хуежьэн.
рузасесть за что-л. (напр. за работу)
Си анэ и псэ, си адэ и псэ, сетӀысылӀэнщи прошенэ сымытхмэ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
етӀысылӀэн (йотӀысылӀэ) неперех. гл. 1. подсесть вплотную к кому-чему-л. / Зыгуэрым и гъунэгъу дыдэу тӀысын. Блыным етӀысылӀэн. Ӏэнэм етӀысылӀэн. 2. переносное поселиться около чего-л. / Унагъуэу псэуну зыгуэрым бгъэдэтӀысхьэн. Псы Ӏуфэм етӀысылӀэн. * Пщы ерухэм зыкърагъэлын папщӀэ, пщылӀхэм я щхьэр щӀахьэри Мэздэгу йотӀысылӀэ. Ш. А. 3. переносное засесть за что-л. (напр. за работу) / Зы Ӏуэху гуэр и ужь ихьэн, зыгуэр гъэзэщӀэну хуежьэн. * Си анэ и псэ, си адэ и псэ, сетӀысылӀэнщи прошенэ сымытхмэ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йотӀысылӀэ)
1. Зыгуэрым гъунэгъуу бгъэдэтӀысхьэн (п.п. Ӏэнэм).
Мэремкъанхэ я пщӀантӀэр инщ, дэнэ къикӀри дэхуэнущ, шхын жыпӀэнущи – пэрыхьэтщ, дэнэ дежи уетӀысылӀэ хъунущ, ӀэнэщӀу къакӀуэр зырызыххэщи, ерыскъыр здахьын ящӀэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582
+2 örnek
Шамум скорпионыр пшахъуэм тригъэтӀысхьэри ихъуреягъкӀэ мафӀэ дэп къригъэтӀылъэкӀащ, дэри детӀысылӀащ тфӀэгъэщӀэгъуэнуи, доплъ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402
Лы гъур а дзасэм фӀэлъу жьэмэ, Унагъуэр гуфӀэу йотӀысылӀэ.— ГъущӀ. «Мывэ хуабэ», 119
2. И ужь ихьэн, еувалӀэу Ӏуэху гуэр нэгъэсын.
[ЛӀыгъур] ЕтӀысылӀэри зыхуэчэм къэмынэу бзэ, кӀакхъу сытхэри хилъхьэжащ, езым и ӀэкӀэ ищӀурэ.— Лъапсэ, 111
Kitapta geçtiği hali
ЕТӀЫСЫЛӀЭН (йотӀысылӀэ) лъэмыӀ. (7). 1. (3). Зыгуэрым гъунэгъуу бгъэдэтӀысхьэн (п.п. Ӏэнэм). Мэремкъанхэ я пщӀантӀэр инщ, дэнэ къикӀри дэхуэнущ, шхын жыпӀэнущи – пэрыхьэтщ, дэнэ дежи уетӀысылӀэ хъунущ, ӀэнэщӀу къакӀуэр зырызыххэщи, ерыскъыр здахьын ящӀэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582. Шамум скорпионыр пшахъуэм тригъэтӀысхьэри ихъуреягъкӀэ мафӀэ дэп къригъэтӀылъэкӀащ, дэри детӀысылӀащ тфӀэгъэщӀэгъуэнуи, доплъ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 402. Лы гъур а дзасэм фӀэлъу жьэмэ, Унагъуэр гуфӀэу йотӀысылӀэ. ГъущӀ. «Мывэ хуабэ», 119. 2. (4). И ужь ихьэн, еувалӀэу Ӏуэху гуэр нэгъэсын. [ЛӀыгъур] ЕтӀысылӀэри зыхуэчэм къэмынэу бзэ, кӀакхъу сытхэри хилъхьэжащ, езым и ӀэкӀэ ищӀурэ. Лъапсэ, 111.