епэзэзэхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йопэзэзэх)
Щхьэр фӀэхун, нэщхъейуэ еплъыхын.
рупоникнуть, приуныть
ЛӀыжьхэри епэзэзэхырт, я нэр зыгуэрым теплъызэ хуэдэ. КӀ. А. ШитӀыр уэдыкъуат, я гуащӀэмащӀагъым ириукӀытэж хуэдэ, я щхьэр фӀэхуауэ, епэзэзэхыу щытхэт. КӀ. Т.
Kitapta geçtiği hali
епэзэзэхын (йопэзэзэх) неперех. гл. поникнуть, приуныть / Щхьэр фӀэхун, нэщхъейуэ еплъыхын. ЛӀыжьхэри епэзэзэхырт, я нэр зыгуэрым теплъызэ хуэдэ. КӀ. А. ШитӀыр уэдыкъуат, я гуащӀэмащӀагъым ириукӀытэж хуэдэ, я щхьэр фӀэхуауэ, епэзэзэхыу щытхэт. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йопэзэзэх)
Щхьэр ехьэхауэ хэплъэн, хэгупсысыхьын; нэщхъеин.
ЩӀалэ цӀыкӀуитӀыр щым хъужри, Думэсарэ епэзэзэхыу щыс Нурхьэлий шху шынакъ инрэ мырамысэ тепщэчрэ къыхутригъуващ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 150
+2 örnek
Шыр зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу.— Анка, 384
Хъуныр къащемэщӀэкӀым деж епэзэзэхыу шхалъэм Ӏутщ [Ӏэщыр], мэкъумылэм, Ӏусым пэплъэу.— Лъапсэ, 71
Kitapta geçtiği hali
ЕПЭЗЭЗЭХЫН (йопэзэзэх) лъэмыӀ. (11). Щхьэр ехьэхауэ хэплъэн, хэгупсысыхьын; нэщхъеин. ЩӀалэ цӀыкӀуитӀыр щым хъужри, Думэсарэ епэзэзэхыу щыс Нурхьэлий шху шынакъ инрэ мырамысэ тепщэчрэ къыхутригъуващ. Хъуэпсэгъуэ нур, 150. Шыр зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу. Анка, 384. Хъуныр къащемэщӀэкӀым деж епэзэзэхыу шхалъэм Ӏутщ [Ӏэщыр], мэкъумылэм, Ӏусым пэплъэу. Лъапсэ, 71.