епсэлъэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йопсалъэ)

1. Зыгуэрым зыгуэр еӀуэтылӀэн, жеӀэн.

рупоговорить с кем-л.

Абы {Хьэжы-Исмел} и щхьэ ирипэсыркъым.. Ермоловым епсэлъэн.— Шортэн Аскэрбий

2. Зыгуэрым гурыӀуэн.

рудоговориться с кем-л. о чем-л.

Инал епсалъи.. ахъшэ къытхуеӀых.— Ӏуащхьэмахуэ

3. Пылъын, зыгуэрым дэгушыӀэн.

руобъясниться в любви

Хьэсэнбий абы епсалъэу щытащ, езым епщӀанэ классыр, Ӏэминат еянэр къыщаухам.— Къущхьэ СулътӀан

4. Зыгуэрым пхъашэу, шхыдэу зыгуэр жеӀэн.

рупоговорить строго, серьезно

Kitapta geçtiği hali

епсэлъэн (йопсалъэ) неперех. гл. 1. поговорить с кем-л. / Зыгуэрым зыгуэр еӀуэтылӀэн, жеӀэн. * Абы {Хьэжы-Исмел} и щхьэ ирипэсыркъым.. Ермоловым епсэлъэн. Ш. А. 2. договориться с кем-л. о чем-л. / Зыгуэрым гурыӀуэн. * Инал епсалъи.. ахъшэ къытхуеӀых. Ӏуащхь. 3. переносное объясниться в любви / Пылъын, зыгуэрым дэгушыӀэн. * Хьэсэнбий абы епсалъэу щытащ, езым епщӀанэ классыр, Ӏэминат еянэр къыщаухам. Къу. С. 4. поговорить строго, серьезно / Зыгуэрым пхъашэу, шхыдэу зыгуэр жеӀэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йопсалъэ)

1. Зыгуэр зыгуэрым еӀуэтылӀэн, жеӀэн.

Тембот хузэфӀэкӀакъым Елдар епсэлъэн, ауэ и щэхур Саримэ ирихьэлӀати, хъыджэбзым идэххакъым, уи мыӀуэху зумыхуэ, жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 151

+2 örnek

Апчарэ, зыкъомрэ и анэм епсэлъа иужь, урысыбзэ зищӀыжри нэхъыбэжрэ Ирини хъыбар иригъэдэӀуащ.— Нал къута, 228

Лу сытми зэ нэсрэ Тинэ епсэлъамэ, арат зыхуейр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 635

2. Зыгуэрым гурыӀуэн, зыгуэр егъэдэн.

[Матрёнэ:] СынолъэӀу, мо щӀалэ цӀыкӀу Ташаи узогъэлъэӀу, тхуепсалъэ Инал.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622

+1 örnek

– Епсалъэ уи шыпхъум, – жиӀэу Хьэбибэ и къуэм елъэӀурт, – и щхьэм итыр къыпхуэщӀэнукъым.— Щынэхужьыкъуэ, 33

Kitapta geçtiği hali

ЕПСЭЛЪЭН (йопсалъэ) лъэмыӀ. (44). 1. (33). Зыгуэр зыгуэрым еӀуэтылӀэн, жеӀэн. Тембот хузэфӀэкӀакъым Елдар епсэлъэн, ауэ и щэхур Саримэ ирихьэлӀати, хъыджэбзым идэххакъым, уи мыӀуэху зумыхуэ, жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 151. Апчарэ, зыкъомрэ и анэм епсэлъа иужь, урысыбзэ зищӀыжри нэхъыбэжрэ Ирини хъыбар иригъэдэӀуащ. Нал къута, 228. Лу сытми зэ нэсрэ Тинэ епсэлъамэ, арат зыхуейр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 635. 2. (11). Зыгуэрым гурыӀуэн, зыгуэр егъэдэн. [Матрёнэ:] СынолъэӀу, мо щӀалэ цӀыкӀу Ташаи узогъэлъэӀу, тхуепсалъэ Инал. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622. – Епсалъэ уи шыпхъум, – жиӀэу Хьэбибэ и къуэм елъэӀурт, – и щхьэм итыр къыпхуэщӀэнукъым. Щынэхужьыкъуэ, 33.

Düzeltme Öner

епсэлъэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.