елӀэлӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йолӀалӀэ)
1. Ӏуэху гуэрым куэдрэ пылъын.
рудолго возиться с чем-л.
ЩӀалэ цӀыкӀур есэпым куэдрэ елӀэлӀащ.
2. Ӏуэху гуэр нэгъэсауэ, удихьэхауэ щӀэн.
руаккуратно, тщательно делать что-л.
Зэй хуэмыдэжу щӀалэр сурэт ищӀым елӀалӀэрт.
3. Зыгуэрым гулъытэ хуэщӀу щытын.
рупроявлять заботу, усердие по отношению к кому-чему-л.
Сабийм елӀэлӀэн. Сымаджэм елӀэлӀэн.
+1 örnek
УӀэгъэм ар йолӀалӀэ. УзэлӀалӀэ къолӀэлӀэж.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
елӀэлӀэн (йолӀалӀэ) неперех. гл. 1. долго возиться с чем-л. / Ӏуэху гуэрым куэдрэ пылъын. ЩӀалэ цӀыкӀур есэпым куэдрэ елӀэлӀащ. 2. аккуратно, тщательно делать что-л. / Ӏуэху гуэр нэгъэсауэ, удихьэхауэ щӀэн. Зэй хуэмыдэжу щӀалэр сурэт ищӀым елӀалӀэрт. 3. проявлять заботу, усердие по отношению к кому-чему-л. / Зыгуэрым гулъытэ хуэщӀу щытын. Сабийм елӀэлӀэн. Сымаджэм елӀэлӀэн. * УӀэгъэм ар йолӀалӀэ. УзэлӀалӀэ къолӀэлӀэж. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йолӀалӀэ)
1. Ӏуэху гуэрым куэдрэ бгъэдэтын, егугъун.
Езы тхьэмыщкӀэр, [Хьэкурынэ] тхьэм и ахърэт дахэ ищӀ, нэхъ зэлӀалӀэу щытар пхъэӀэщэ, лъахъш, пэрыӀэбэ, нал сытхэр арамэ, иджы еплъ, ЛӀыгъур, хуэмыщӀ щымыӀэу, ӀэкӀуэлъакӀуэщ, уеблэмэ дыщэкӀыу тӀысыж хъунущ, Ӏэщэ-фащэ жыпӀэнущи – сыти къэхь, псори ещӀыжыф.— Лъапсэ, 111
+1 örnek
[Алыджыкъуэ:] Пщыхьэщхьэ хъууэ пшапэр зэхэуэху, пхъэ гъумыжьым селӀэлӀащ, къуэщӀий защӀэ сщӀыху.— МелыӀыч, 440
2. Зыгуэрым гулъытэ лей хуэщӀын, къыфӀэӀуэхун.
УӀэгъэм ар [Алъхъо] йолӀалӀэ – ЗауэлӀ зауэлӀыр къигъэнэн?— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 19
+2 örnek
Иджы Сэлимэ и палатэм сыщӀохьэри абы хуэдизу дызэлӀэлӀа хъыджэбз дахэ цӀыкӀур нэжэгужэ къэмыхъужами, мащӀэу къыпыгуфӀыкӀыу солъагъури сэри си ӀупитӀыр сфӀызэтож.— Лъапсэ, 27
Псым псыхуэлӀэ ирегъэкӀыр, Псыр псы хуэлӀэм, хэт елӀалӀэр?— ПсыхуэлӀэ. «Мывэ хуабэ», 271
Kitapta geçtiği hali
ЕЛӀЭЛӀЭН (йолӀалӀэ) лъэмыӀ. (27). 1. (19). Ӏуэху гуэрым куэдрэ бгъэдэтын, егугъун. Езы тхьэмыщкӀэр, [Хьэкурынэ] тхьэм и ахърэт дахэ ищӀ, нэхъ зэлӀалӀэу щытар пхъэӀэщэ, лъахъш, пэрыӀэбэ, нал сытхэр арамэ, иджы еплъ, ЛӀыгъур, хуэмыщӀ щымыӀэу, ӀэкӀуэлъакӀуэщ, уеблэмэ дыщэкӀыу тӀысыж хъунущ, Ӏэщэ-фащэ жыпӀэнущи – сыти къэхь, псори ещӀыжыф. Лъапсэ, 111. [Алыджыкъуэ:] Пщыхьэщхьэ хъууэ пшапэр зэхэуэху, пхъэ гъумыжьым селӀэлӀащ, къуэщӀий защӀэ сщӀыху. МелыӀыч, 440. 2. (8). Зыгуэрым гулъытэ лей хуэщӀын, къыфӀэӀуэхун. УӀэгъэм ар [Алъхъо] йолӀалӀэ – ЗауэлӀ зауэлӀыр къигъэнэн?. ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 19. Иджы Сэлимэ и палатэм сыщӀохьэри абы хуэдизу дызэлӀэлӀа хъыджэбз дахэ цӀыкӀур нэжэгужэ къэмыхъужами, мащӀэу къыпыгуфӀыкӀыу солъагъури сэри си ӀупитӀыр сфӀызэтож. Лъапсэ, 27. Псым псыхуэлӀэ ирегъэкӀыр, Псыр псы хуэлӀэм, хэт елӀалӀэр? ПсыхуэлӀэ. «Мывэ хуабэ», 271.