елъэпэуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йолъэпауэ)
1. ЛъапэкӀэ зыгуэрым еуэн, зыгуэр дзын.
руударить, толкнуть ногой, носком кого-что-л.
Топым елъэпэуэн. Мывэм елъэпэуэн.
+1 örnek
- Гъуэлъыжащ, нэпс щӀигъэж хъунщ и мыгъуэм щхьэкӀэ, -Мэжид елъэпауэри лажьэ зимыӀэ джэдур игъэпщӀэуащ.— Къущхьэ СулътӀан
2. ЗэрымыщӀэкӀэ зыгуэрым жьэхэуэн (лъапэкӀэ).
руспоткнуться обо что-л.
ЩӀалэ цӀыкӀур здэжэм, мывэм елъэпауэри и лъэбжьанэр триудащ.
3. Къимыдзэн, зыгуэрым мыхьэнэ емытын.
рупренебречь кем-чем-л.; не оценить кого-что-л.
Мы щӀалэм щхьэ уелэпауэрэ, тӀасэ?— Зы едзыгъуэу зэхэлъ пьесэхэр
+1 örnek
Адыгэпщхэм я лъэӀум елъэпауэ хъунутэкъым Ермоловыр.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
елъэпэуэн (йолъэпауэ) неперех. гл. 1. ударить, толкнуть ногой, носком кого-что-л. / ЛъапэкӀэ зыгуэрым еуэн, зыгуэр дзын. Топым елъэпэуэн. Мывэм елъэпэуэн. * - Гъуэлъыжащ, нэпс щӀигъэж хъунщ и мыгъуэм щхьэкӀэ, -Мэжид елъэпауэри лажьэ зимыӀэ джэдур игъэпщӀэуащ. Къу. С. 2. споткнуться обо что-л. / ЗэрымыщӀэкӀэ зыгуэрым жьэхэуэн (лъапэкӀэ). ЩӀалэ цӀыкӀур здэжэм, мывэм елъэпауэри и лъэбжьанэр триудащ. 3. переносное пренебречь кем-чем-л.; не оценить кого-что-л. / Къимыдзэн, зыгуэрым мыхьэнэ емытын. * Мы щӀалэм щхьэ уелэпауэрэ, тӀасэ? Пьесэхэр. Адыгэпщхэм я лъэӀум елъэпауэ хъунутэкъым Ермоловыр. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йолъэпауэ)
1. ЛъапэкӀэ зыгуэрым еуэн, зыгуэр дзын.
Аралпыр елъэпауэри пэгуныр игъэлъеящ, щӀопщымкӀэ Думэсарэ къызэприхулэкӀыну зищӀат, арщхьэкӀэ и гугъу ищӀыжакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 290
+1 örnek
ШырыкъужьитӀ зыщихам йолъэпауэри дурэшым дедзэ.— МелыӀыч, 464
2. Зыгуэрым мыхьэнэ емытын.
Инал ар зыуи къилъытакъым: – Хабзэжь псоми делъэпауэркъым, [жиӀэри].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588
+1 örnek
ХьэщӀагъэ кърахым Дуду елъэпэуэфакъым.— ВитӀ, 416
Kitapta geçtiği hali
ЕЛЪЭПЭУЭН (йолъэпауэ) лъэмыӀ. (7). 1. (3). ЛъапэкӀэ зыгуэрым еуэн, зыгуэр дзын. Аралпыр елъэпауэри пэгуныр игъэлъеящ, щӀопщымкӀэ Думэсарэ къызэприхулэкӀыну зищӀат, арщхьэкӀэ и гугъу ищӀыжакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 290. ШырыкъужьитӀ зыщихам йолъэпауэри дурэшым дедзэ. МелыӀыч, 464. 2. (4). зэхь. Зыгуэрым мыхьэнэ емытын. Инал ар зыуи къилъытакъым: – Хабзэжь псоми делъэпауэркъым, [жиӀэри]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588. ХьэщӀагъэ кърахым Дуду елъэпэуэфакъым. ВитӀ, 416.