екӀуэлӀэжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йокӀуэлӀэж)

1. ЗдэщыӀэ, щыпсэу хабзэм гъэзэжын.

руснова подойти к кому-чему-л.

Лэжьыгъэ нэужьым цӀыхухэр щхьэж и унэ йокӀуэлӀэж.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Жэщым загъэгувэри шууитӀыр крепостым екӀуэлӀэжащ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

екӀуэлӀэжын (йокӀуэлӀэж) неперех. гл. 1. снова подойти к кому-чему-л. / ЗдэщыӀэ, щыпсэу хабзэм гъэзэжын. * Лэжьыгъэ нэужьым цӀыхухэр щхьэж и унэ йокӀуэлӀэж. Ӏуащхь. Жэщым загъэгувэри шууитӀыр крепостым екӀуэлӀэжащ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йокӀуэлӀэж)

1. Уи унэ къэгъэзэжын, и псэупӀэм и лъапсэм гъэзэжын. – 271.

ЦӀыхур зыщӀэупщӀэн мащӀэт: шэсыпӀэ диувэрэ, Жыраслъэн жылэм къыдэтшэжмэ, и унэ екӀуэлӀэжыну, хьэмэрэ дэнэ ихьыну и щхьэр, жаӀэу зигу къэкӀи ухуэзэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627

+2 örnek

Удзымэ ӀэфӀхэм чэф сащӀауэ Ди унэ тӀэкӀум сокӀуэлӀэж.— Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379

Пщыхьэщхьэ хъурэ Ӏэхъуэр къыдыхьэжмэ, я шкӀэ цӀыкӀухэм хуэзэша жэмхэм бууэ къыщӀадзэрт, ахэр куэбжэм къэмысыж щӀыкӀэ уэрамым сабэр дэз хъурт, гу зырызи е нартыху бзий къашэу, е чырэ кӀуар къэкӀуэжауэ щхьэж и унэ екӀуэлӀэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270

2. Аргуэру зыгуэрым бгъэдыхьэжын. –175.

– ИкӀэщӀыпӀэкӀэ щхьэж и гъуэлъыпӀэм фекӀуэлӀэж, къывгурыӀуа? [жиӀащ офицерым].— Хъуэпсэгъуэ нур, 174

Kitapta geçtiği hali

ЕКӀУЭЛӀЭЖЫН (йокӀуэлӀэж) лъэмыӀ. (9). 1. (7). Уи унэ къэгъэзэжын, и псэупӀэм и лъапсэм гъэзэжын. ЦӀыхур зыщӀэупщӀэн мащӀэт: шэсыпӀэ диувэрэ, Жыраслъэн жылэм къыдэтшэжмэ, и унэ екӀуэлӀэжыну, хьэмэрэ дэнэ ихьыну и щхьэр, жаӀэу зигу къэкӀи ухуэзэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627. Удзымэ ӀэфӀхэм чэф сащӀауэ Ди унэ тӀэкӀум сокӀуэлӀэж. Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379. Пщыхьэщхьэ хъурэ Ӏэхъуэр къыдыхьэжмэ, я шкӀэ цӀыкӀухэм хуэзэша жэмхэм бууэ къыщӀадзэрт, ахэр куэбжэм къэмысыж щӀыкӀэ уэрамым сабэр дэз хъурт, гу зырызи е нартыху бзий къашэу, е чырэ кӀуар къэкӀуэжауэ щхьэж и унэ екӀуэлӀэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270– 271. 2. (2). Аргуэру зыгуэрым бгъэдыхьэжын. – ИкӀэщӀыпӀэкӀэ щхьэж и гъуэлъыпӀэм фекӀуэлӀэж, къывгурыӀуа? [жиӀащ офицерым]. Хъуэпсэгъуэ нур, 174–175.

Düzeltme Öner

екӀуэлӀэжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.