екъуэншэкӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йокъуэншэкӀ)

Къуаншагъэ зыгуэрым ехын, мыхъумыщӀагъэ кӀэлъызехьэн.

руотноситься несправедливо к кому-чему-л.

Шапсыгъхэр зыр адрейм екъуэншэкӀыркъым, атӀэ сыт щыгъуи дэӀэпыкъуэгъу хьэзырщ.— КӀэрашэ Тембот

+1 örnek

ДынокъуэншэкӀащ, Мэжид, ауэ дынолъэӀу, къытхуэгъэгъу.— Къущхьэ СулътӀан

Kitapta geçtiği hali

екъуэншэкӀын (йокъуэншэкӀ) неперех. гл. относиться несправедливо к кому-чему-л. / Къуаншагъэ зыгуэрым ехын, мыхъумыщӀагъэ кӀэлъызехьэн. * Шапсыгъхэр зыр адрейм екъуэншэкӀыркъым, атӀэ сыт щыгъуи дэӀэпыкъуэгъу хьэзырщ. КӀ. Т. ДынокъуэншэкӀащ, Мэжид, ауэ дынолъэӀу, къытхуэгъэгъу. Къу. С.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йокъуэншэкӀ)

Зыгуэрым къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ кӀэлъызехьэн.

СокъуэншэкӀащ, къысхуэгъэгъу, Анка, – жысӀэу шым седэхащӀэу щызэхихым, арэзы къысхуэхъужауэ и щхьэр иутхыпщӀу, нэгъуэщӀ зыгуэр къэхъужащ, и нэпситӀыр къызэрелъэлъэхыу си Ӏэм къепэщэщыну хуожьэ, мэщатэ, мэпапщэ, и щхьэр си дамэм къытрелъхьэ, и кӀэр егъэкӀэрахъуэ, лъэм тепыӀэркъым, мэщыщ, и макъыр зэкӀуэкӀауэ.— Анка, 382

+1 örnek

[Алыджыкъуэ:] НтӀэ, тхьэм къысхуиухауэ пӀэрэ мыр: дыгъуасэ бэзэрым цӀыхубзым сыщыхуэзати, ныжэбэ секъуэншэкӀри си напэр сэр-сэру тесхыжащ.— МелыӀыч, 446

Kitapta geçtiği hali

ЕКЪУЭНШЭКӀЫН (йокъуэншэкӀ) лъэмыӀ. (5). Зыгуэрым къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ кӀэлъызехьэн. СокъуэншэкӀащ, къысхуэгъэгъу, Анка, – жысӀэу шым седэхащӀэу щызэхихым, арэзы къысхуэхъужауэ и щхьэр иутхыпщӀу, нэгъуэщӀ зыгуэр къэхъужащ, и нэпситӀыр къызэрелъэлъэхыу си Ӏэм къепэщэщыну хуожьэ, мэщатэ, мэпапщэ, и щхьэр си дамэм къытрелъхьэ, и кӀэр егъэкӀэрахъуэ, лъэм тепыӀэркъым, мэщыщ, и макъыр зэкӀуэкӀауэ. Анка, 382. [Алыджыкъуэ:] НтӀэ, тхьэм къысхуиухауэ пӀэрэ мыр: дыгъуасэ бэзэрым цӀыхубзым сыщыхуэзати, ныжэбэ секъуэншэкӀри си напэр сэр-сэру тесхыжащ. МелыӀыч, 446.

Düzeltme Öner

екъуэншэкӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.