екун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(иреку)
ЖепӀэн, епщӀэнӀауэ зыгуэрым тегушхуэн, лзыхь щӀын.
руосмелиться на какой-л. поступок по отношению к кому-л.
ГъитӀ нэсащи си Ӏуэхур зытетыр ныбжесӀэну уэскуркъым.— Ӏуащхьэмахуэ
+1 örnek
Уа, хьэжы, куэд щӀауэ зыгуэркӀэ сыноупщӀыну сигу илъти уэскуфыркъым..— Нало Заур
Kitapta geçtiği hali
екун (иреку) неперех. гл. осмелиться на какой-л. поступок по отношению к кому-л. / ЖепӀэн, епщӀэнӀауэ зыгуэрым тегушхуэн, лзыхь щӀын. * ГъитӀ нэсащи си Ӏуэхур зытетыр ныбжесӀэну уэскуркъым. Ӏуащхь. Уа, хьэжы, куэд щӀауэ зыгуэркӀэ сыноупщӀыну сигу илъти уэскуфыркъым.. Н. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(иреку)
ЖепӀэн, епщӀэнӀауэ зыгуэрым тегушхуэн, дзыхь щӀын.
Саримэ абы къимылъагъууи къэнакъым, арщхьэкӀэ, лафкӀэтет Рахьимыжьыр абы бгъэдэтти, Елдар бгъэдыхьэн ирикуакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 128
+2 örnek
Дэри а лӀитӀым дапкъроплъыхь, гу зылъытта гуэри щыӀэ пэтми, ди гум илъыр жытӀэн едмыкуу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520
Къадым судыр щызэхуишэса махуэм хъыбар сагъэщӀати, сымыкӀуэу хъунутэкъым, инэралым сыщыгъупща е сыкъигъэпцӀа си гугъэми, сыщӀэупщӀэн ескуркъым.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399
Kitapta geçtiği hali
ЕКУН (иреку) лъэӀ. (16). ЖепӀэн, епщӀэнӀауэ зыгуэрым тегушхуэн, дзыхь щӀын. Саримэ абы къимылъагъууи къэнакъым, арщхьэкӀэ, лафкӀэтет Рахьимыжьыр абы бгъэдэтти, Елдар бгъэдыхьэн ирикуакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 128. Дэри а лӀитӀым дапкъроплъыхь, гу зылъытта гуэри щыӀэ пэтми, ди гум илъыр жытӀэн едмыкуу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520. Къадым судыр щызэхуишэса махуэм хъыбар сагъэщӀати, сымыкӀуэу хъунутэкъым, инэралым сыщыгъупща е сыкъигъэпцӀа си гугъэми, сыщӀэупщӀэн ескуркъым. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399.