ей

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зыгуэрым щеджэкӀэ, щегуокӀэ къагъэсэбэп междометиещ.

руэй

Ей, хэт ар? Ей, мыдэ къакӀуэт.

+1 örnek

-Ей, хъыджэбз цӀыкӀу, етӀысэх! -лъэкӀ къимыгъанэу мэкӀий Зубер. Ей, Муслъимэт, Муслъимэт, къыбгурыӀуэ щыӀэкъым уэ, хэпщӀыкӀ щыӀэкъым уэ абы.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

Зыгуэрым иӀэр, бгъэдэлъыр къызэрагъэлъагъуэ цӀэпапщӀэщ.

руего, ее

Старшинэм къыздиша нышым Шэджэмокъуэ лэгъупэжьым ейри дэкӀуэу фӀагъэжщ, ягъавэщ аби, пщыӀэбгъум къыщаухуащ Ӏэнэр.— Теунэ Хьэчим

Kitapta geçtiği hali

ей I междом. эй / Зыгуэрым щеджэкӀэ, щегуокӀэ къагъэсэбэп междометиещ. Ей, хэт ар? Ей, мыдэ къакӀуэт. * -Ей, хъыджэбз цӀыкӀу, етӀысэх! -лъэкӀ къимыгъанэу мэкӀий Зубер. Ей, Муслъимэт, Муслъимэт, къыбгурыӀуэ щыӀэкъым уэ, хэпщӀыкӀ щыӀэкъым уэ абы. Щ. Ӏ. II притяж. мест. его, ее / Зыгуэрым иӀэр, бгъэдэлъыр къызэрагъэлъагъуэ цӀэпапщӀэщ. * Старшинэм къыздиша нышым Шэджэмокъуэ лэгъупэжьым ейри дэкӀуэу фӀагъэжщ, ягъавэщ аби, пщыӀэбгъум къыщаухуащ Ӏэнэр. Т. Хь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зыгуэрым щеджэкӀэ, щегуокӀэ къагъэсэбэп.

Ей, си усэ, уишхыдыкӀыу Ухъумэ цӀыхум я гухэлъ, Дядэ, дянэм я щӀэину Гугъэ закъуэр ягу игъэлъ.— УситӀ, Щам щыстхауэ. «Дамыгъэ», 75

+2 örnek

Ей, бетэмалу жьы мыхъумыщӀэ, Дэ тщыщщ а щӀалэр, къэхь ди дей!— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 17

Ей, дунейри хьэхущ, хуэмыхури куэдщ, фӀыр дэ тхуэдэ зырызщ, – жиӀэри нетӀэрей жьэрэӀурэм псори игъэдыхьэшхащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 60

Зыгуэрым иӀэр, бгъэдэлъыр къегъэлъагъуэ.

Тетрадхэр Къазджэрий къихьыжатэмэ, Лу ейр занщӀэу къицӀыхужынут, и щӀыӀум Ӏуащхьэмахуэм и сурэт тетщи.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619

+2 örnek

Зи мылъку зыфӀэмащӀэу хамэм ей ехъуэпсар аращ, – жиӀэри сэлэтхэм я акъыл здынэмысым нигъэсу Астемыр къэпсэлъащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 179

Зым и дзэр фӀыцӀэу ирешажьэ, Зым ейр дзэ хужьщи, къимыкӀуэт, Зэм офицерыр къыхагъащӀэ, Зэм я сэлэтхэр яфӀокӀуэд.— Шахмэт джэгукӀэ хэт зымыщӀэр. «Батырыбжьэ», 65

Kitapta geçtiği hali

ЕЙ I (112). междом. Зыгуэрым щеджэкӀэ, щегуокӀэ къагъэсэбэп. Ей, си усэ, уишхыдыкӀыу Ухъумэ цӀыхум я гухэлъ, Дядэ, дянэм я щӀэину Гугъэ закъуэр ягу игъэлъ. УситӀ, Щам щыстхауэ. «Дамыгъэ», 75. Ей, бетэмалу жьы мыхъумыщӀэ, Дэ тщыщщ а щӀалэр, къэхь ди дей! ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 17. Ей, дунейри хьэхущ, хуэмыхури куэдщ, фӀыр дэ тхуэдэ зырызщ, – жиӀэри нетӀэрей жьэрэӀурэм псори игъэдыхьэшхащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 60.

ЕЙ II (22). еигъэ цӀэп. Зыгуэрым иӀэр, бгъэдэлъыр къегъэлъагъуэ. Тетрадхэр Къазджэрий къихьыжатэмэ, Лу ейр занщӀэу къицӀыхужынут, и щӀыӀум Ӏуащхьэмахуэм и сурэт тетщи. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619. Зи мылъку зыфӀэмащӀэу хамэм ей ехъуэпсар аращ, – жиӀэри сэлэтхэм я акъыл здынэмысым нигъэсу Астемыр къэпсэлъащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 179. Зым и дзэр фӀыцӀэу ирешажьэ, Зым ейр дзэ хужьщи, къимыкӀуэт, Зэм офицерыр къыхагъащӀэ, Зэм я сэлэтхэр яфӀокӀуэд. Шахмэт джэгукӀэ хэт зымыщӀэр. «Батырыбжьэ», 65.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

ait be behey ey ha hey hu onun şahsi ulanargo yahu

Düzeltme Öner

ей
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.