едэӀуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йодаӀуэ)
1. Зыгуэрым жиӀэр зэхэхын.
руслушать кого-что-л.
Уэрэдым едэӀуэн. ЖаӀэм едэӀуэн. Радиом едэӀуэн.
+1 örnek
Шумахуэ, абы хуэдэу зыкъомрэ гупсысэу щыса нэужьым, бжьэ ашыкхэм бгъэдыхьэурэ едаӀуэу щӀидзащ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
2. Зыгуэрым хуэжыӀэщӀэн.
руслушаться кого-л., повиноваться кому-л.
Сабийр анэм жиӀэм йодаӀуэ, жыӀэщӀэщ.
+1 örnek
Софят, къызэдаӀуэ, Софят, мыр уи лэжьыгъэкъым.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
Kitapta geçtiği hali
едэӀуэн (йодаӀуэ) неперех. гл. 1. слушать кого-что-л. / Зыгуэрым жиӀэр зэхэхын. Уэрэдым едэӀуэн. ЖаӀэм едэӀуэн. Радиом едэӀуэн. * Шумахуэ, абы хуэдэу зыкъомрэ гупсысэу щыса нэужьым, бжьэ ашыкхэм бгъэдыхьэурэ едаӀуэу щӀидзащ. Хь. Хь. 2. переносное слушаться кого-л., повиноваться кому-л. / Зыгуэрым хуэжыӀэщӀэн. Сабийр анэм жиӀэм йодаӀуэ, жыӀэщӀэщ. * Софят, къызэдаӀуэ, Софят, мыр уи лэжьыгъэкъым. Щ. Ӏ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йодаӀуэ)
1. Зэгуэрым жиӀэр зэхэхын.
Саният «Адыгэ клубым» кӀуэурэ Къазджэрий щӀедаӀуэри арат, Къэбэрдейм я хъыбар зэхихмэ, и нэпсым къызэпижыхьырт, нарт уэрэд зэзэмызэ хьэщӀэм и псалъэм къыдэкӀуэу къыхигъэщмэ, хъыджэбзым игури и псэри дихьэхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665
+2 örnek
Мыдрисэм щыщӀэсым егъэджакӀуэм едаӀуауэ къыщӀэкӀынкъым ар [Астемыр] иджыпсту [сымаджэщым щӀэлъ сэлэтым] зэредаӀуэм хуэдэу.— Хъуэпсэхъуэ нур, 177
Ди тхьэкӀумэр тегъэхуауэ Алий зэджэм додаӀуэр: «Хьэтухэм я тхыбзэр сурэту щытащ.»— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529
2. Зыгуэрым хуэжыӀэщӀэн. –192.
Си анэм седэӀуарэ Рахьим сыдэкӀуамэ мынэхъыфӀу пӀэрэт? [гупсысэрт Саримэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 191
+2 örnek
Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу Псэуа игъащӀэм сэ сымыщӀэ.— Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу. «Мывэ хуабэ», 152
Убых щӀалэхэри езыр-езыру зэдауэу хуежьащ, къаша нысэр яшэжрэ ягъэзэжмэ, фӀы зэрыщӀамыхынур ящӀэу, Барчо къэгубжьрэ «сэ къызэмыдаӀуэу пщылӀ сыхуейкъым» жиӀэрэ уищэмэ, сыт пщӀэжынур?— Лъапсэ, 117
Kitapta geçtiği hali
ЕДЭӀУЭН (йодаӀуэ) лъэмыӀ. (192). 1. (183). Зэгуэрым жиӀэр зэхэхын. Саният «Адыгэ клубым» кӀуэурэ Къазджэрий щӀедаӀуэри арат, Къэбэрдейм я хъыбар зэхихмэ, и нэпсым къызэпижыхьырт, нарт уэрэд зэзэмызэ хьэщӀэм и псалъэм къыдэкӀуэу къыхигъэщмэ, хъыджэбзым игури и псэри дихьэхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Мыдрисэм щыщӀэсым егъэджакӀуэм едаӀуауэ къыщӀэкӀынкъым ар [Астемыр] иджыпсту [сымаджэщым щӀэлъ сэлэтым] зэредаӀуэм хуэдэу. Хъуэпсэхъуэ нур, 177. Ди тхьэкӀумэр тегъэхуауэ Алий зэджэм додаӀуэр: «Хьэтухэм я тхыбзэр сурэту щытащ.» Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529. 2. (9). Зыгуэрым хуэжыӀэщӀэн. Си анэм седэӀуарэ Рахьим сыдэкӀуамэ мынэхъыфӀу пӀэрэт? [гупсысэрт Саримэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 191–192. Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу Псэуа игъащӀэм сэ сымыщӀэ. Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу. «Мывэ хуабэ», 152. Убых щӀалэхэри езыр-езыру зэдауэу хуежьащ, къаша нысэр яшэжрэ ягъэзэжмэ, фӀы зэрыщӀамыхынур ящӀэу, Барчо къэгубжьрэ «сэ къызэмыдаӀуэу пщылӀ сыхуейкъым» жиӀэрэ уищэмэ, сыт пщӀэжынур? Лъапсэ, 117.