еджэфын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йоджэф)

1. Зыгуэрым и цӀэр къиӀуэфын.

русуметь позвать, окликнуть кого-л. по имени

Сэ абы цӀэмкӀэ седжэфынукъым.

(йоджэф)

1. Еджэн лъэкӀын (тхылъым).

рууметь читать что-л.

Тембот и адэр тӀэкӀу тхэфу, еджэфу зэрыщытар зи фӀыщӀэр абы иӀа урыс ныбжьэгъухэрт.— КӀэрашэ Тембот

2. ЩӀэныгъэ зригъэгъуэтын лъэкӀын, еджэн хузэфӀэкӀын.

руучиться, быть способным к учению

ЩӀалэр еджэфынут, ауэ сымаджагъэм игъакӀуэртэкъым.

Kitapta geçtiği hali

еджэфын I (йоджэф) неперех. гл. 1. суметь позвать, окликнуть кого-л. по имени / Зыгуэрым и цӀэр къиӀуэфын. Сэ абы цӀэмкӀэ седжэфынукъым. II (йоджэф) неперех. гл. 1. уметь читать что-л. / Еджэн лъэкӀын (тхылъым). * Тембот и адэр тӀэкӀу тхэфу, еджэфу зэрыщытар зи фӀыщӀэр абы иӀа урыс ныбжьэгъухэрт. КӀ. Т. 2. учиться, быть способным к учению / ЩӀэныгъэ зригъэгъуэтын лъэкӀын, еджэн хузэфӀэкӀын. ЩӀалэр еджэфынут, ауэ сымаджагъэм игъакӀуэртэкъым.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йоджэф)

Тхыгъэр гукӀэ е макъкӀэ кърихыну хузэфӀэкӀын.

АбыкӀэ Алий деупщӀати – дэнэ, къытхуидэххакъым: «Тхылъ еджэфу хъухукӀэ факъыкӀэрымыкӀ»,– жиӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528

+2 örnek

Еджэф си закъуэу сыкъэнами, Си бзэр схъуэжыну сыпымылъ.— Сэ нэгъуэщӀыбзэщ тхылъ зэрыстхыр… Щхьэлъыкъуэ, 374

Саримэ Елдар дежкӀэ еплъэкӀырт, а тхылъ къомым деджэфу щытатэм, жиӀэ хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 198

Kitapta geçtiği hali

ЕДЖЭФЫН (йоджэф) лъэмыӀ. (4). Тхыгъэр гукӀэ е макъкӀэ кърихыну хузэфӀэкӀын. АбыкӀэ Алий деупщӀати – дэнэ, къытхуидэххакъым: «Тхылъ еджэфу хъухукӀэ факъыкӀэрымыкӀ»,– жиӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528. Еджэф си закъуэу сыкъэнами, Си бзэр схъуэжыну сыпымылъ. Сэ нэгъуэщӀыбзэщ тхылъ зэрыстхыр… «Щхьэлъыкъуэ», 374. Саримэ Елдар дежкӀэ еплъэкӀырт, а тхылъ къомым деджэфу щытатэм, жиӀэ хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 198.

Düzeltme Öner

еджэфын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.