егъэлъэтэхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
егъэлъэтэхын каузатив к елъэтэхын / Елъэтэхын псалъэм и каузатив. Лъэуейм тес джэдхэр егъэлъэтэхын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ирегъэлъэтэх)
Зыгуэр псынщӀэу зыӀурыдзэн, зэжьэдэдзэн, мыгъэныщкӀуу егъэхын. –480.
Гъаблэгу ищта хъунти, Локотош хьэлывэр зыӀуридзэри имыгъэныщкӀуу иригъэлъэтэхащ.— Нал къута, 244
+1 örnek
Хьэмбылур зы джэдым ирихьэжьэмэ, адрейхэр кӀэлъыжэрт къытрахын я гугъэу, арщхьэкӀэ езыхьэжьам жэрыжэм тету иригъэлъэтэхырти, псори зэгъусэу адакъэм дежкӀэ къагъэзэжырт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479
Kitapta geçtiği hali
ЕГЪЭЛЪЭТЭХЫН (ирегъэлъэтэх) лъэӀ. (5). Зыгуэр псынщӀэу зыӀурыдзэн, зэжьэдэдзэн, мыгъэныщкӀуу егъэхын. Гъаблэгу ищта хъунти, Локотош хьэлывэр зыӀуридзэри имыгъэныщкӀуу иригъэлъэтэхащ. Нал къута, 244. Хьэмбылур зы джэдым ирихьэжьэмэ, адрейхэр кӀэлъыжэрт къытрахын я гугъэу, арщхьэкӀэ езыхьэжьам жэрыжэм тету иригъэлъэтэхырти, псори зэгъусэу адакъэм дежкӀэ къагъэзэжырт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479–480.