егъэзыпӀэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Зыгуэр щагъэтӀылъ, щагъэув, щахъумэ щӀыпӀэ, увыпӀэ.

руукрытие; пристанище

Уэшх къешхыу щыхуежьэм, Ӏэхъуэм жэмхэр егъэзыпӀэм къихужащ.

+1 örnek

Псоми яфӀэфӀщ къуршым еплъыну, яфӀэфӀщ къыщыувыӀэн, зыщагъэпсэхун егъэзыпӀэ зэрыхуагъэхьэзырар ящӀэу къуршым къыщакӀухьыну, ирикъуху зыщаплъыхьыну.— КӀэрашэ Тембот

2. КъуэгъэнапӀэ, ущыув, укъыщыувыӀэ хъу щӀыпӀэ.

рууединенное, укромное место

Тенджыз Ӏуфэхэм и нэхъ егъэзыпӀэхэм деж цӀыхухэм бдзэжьей къыщаубыдырт.— Ижьрей дунейм и историе

Kitapta geçtiği hali

егъэзыпӀэ 1. укрытие; пристанище / Зыгуэр щагъэтӀылъ, щагъэув, щахъумэ щӀыпӀэ, увыпӀэ. Уэшх къешхыу щыхуежьэм, Ӏэхъуэм жэмхэр егъэзыпӀэм къихужащ. * Псоми яфӀэфӀщ къуршым еплъыну, яфӀэфӀщ къыщыувыӀэн, зыщагъэпсэхун егъэзыпӀэ зэрыхуагъэхьэзырар ящӀэу къуршым къыщакӀухьыну, ирикъуху зыщаплъыхьыну. КӀ. Т. 2. переносное уединенное, укромное место / КъуэгъэнапӀэ, ущыув, укъыщыувыӀэ хъу щӀыпӀэ. * Тенджыз Ӏуфэхэм и нэхъ егъэзыпӀэхэм деж цӀыхухэм бдзэжьей къыщаубыдырт. Ижь. д. и ист.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зыгуэр щаӀыгъ, щагъэтӀылъ, щахъумэ щӀыпӀэ, увыӀэпӀэ.

Ныпыр къытлъысащ, ди гъунэгъум датекӀуащ жаӀэнти, хьэгъуэлӀыгъуэшхуэ ящӀынт, хьэгъуэлӀыгъуэм кърихьэлӀэу хьэщӀэшхуэри къашэнти, ар я гъусэу щакӀуэ кӀуэнти, ХъынцӀэл егъэзыпӀэм дихуауэ дэт кхъуэпӀащэр, зыми имылъагъуу, къакӀэщӀиутӀыпщхьэурэ, къаукӀмэ, хьэщӀэм къиукӀа хуэдэу къыфӀагъэщӀрэ абы и саулыкъукӀэ аргуэру зэхэтӀысхьэрэ я бзэгум ӀэфӀ къытемынэжыхукӀэ зыр зым щытхъуу хъуэхъу бэлыхьхэр жаӀэу.— Лъапсэ, 78

Kitapta geçtiği hali

ЕГЪЭЗЫПӀЭ (1). Зыгуэр щаӀыгъ, щагъэтӀылъ, щахъумэ щӀыпӀэ, увыӀэпӀэ. Ныпыр къытлъысащ, ди гъунэгъум датекӀуащ жаӀэнти, хьэгъуэлӀыгъуэшхуэ ящӀынт, хьэгъуэлӀыгъуэм кърихьэлӀэу хьэщӀэшхуэри къашэнти, ар я гъусэу щакӀуэ кӀуэнти, ХъынцӀэл егъэзыпӀэм дихуауэ дэт кхъуэпӀащэр, зыми имылъагъуу, къакӀэщӀиутӀыпщхьэурэ, къаукӀмэ, хьэщӀэм къиукӀа хуэдэу къыфӀагъэщӀрэ абы и саулыкъукӀэ аргуэру зэхэтӀысхьэрэ я бзэгум ӀэфӀ къытемынэжыхукӀэ зыр зым щытхъуу хъуэхъу бэлыхьхэр жаӀэу. Лъапсэ, 78.

Düzeltme Öner

егъэзыпӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.