егугъун
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
Ӏаолъэон/Ӏэуэлъэуэн (мэӀаолъао/мэӀэуэлъауэ), ыуж/и ужь ИТЫН (~ ИТ(щ), пылъын (ПЫЛЪ(щ), пыкӀэрэкӀын (пэкӀэпрэкӀы), ЕГУГЪУН (егугъу/йогугъу); ÇABALAMAK
ЕГУГЪУН (егугъу/йогугъу); хущӀэкъун (хущӀокъу(р); GAYRET ETMEK
ЕГУГЪУН (егугъу/йогугъу); ЩЫПЛЪЭЕН (щэплъае/щоплъей, зыфэгъэдэн/зыхуэгъэдэн (зыфегъадэ/ зыхуегъадэ); ÖZENMEK
ЕГУГЪУН → Ӏаолъэон; ÇABALAMAK
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: Ӏаолъэон
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йогугъу)
1. Ӏуэхум, лэжьыгъэм е нэгъуэщӀ гуэрым гурэ псэкӀэ бгъэдэтын.
рустараться, прилагать усилия
Еджэным егугъун. Ӏуэхум егугъун.
2. Зыгуэрым гу лъытэн, дэӀэпыкъун, кӀэлъыплъын.
рузаботиться о ком-чем-л.
Егугъун хуейщ абы, комбайнерыр щӀалэ цӀынэщ, комбайныр тӀорысэщ.— Къущхьэ СулътӀан
+1 örnek
Узэгугъур къогугъуж.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
егугъун (йогугъу) неперех. гл. 1. стараться, прилагать усилия / Ӏуэхум, лэжьыгъэм е нэгъуэщӀ гуэрым гурэ псэкӀэ бгъэдэтын. Еджэным егугъун. Ӏуэхум егугъун. 2. заботиться о ком-чем-л. / Зыгуэрым гу лъытэн, дэӀэпыкъун, кӀэлъыплъын. * Егугъун хуейщ абы, комбайнерыр щӀалэ цӀынэщ, комбайныр тӀорысэщ. Къу. С. Узэгугъур къогугъуж. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йогугъу)
1. Ӏуэхум, лэжьыгъэм гурэ псэкӀэ бгъэдэтын, елӀэлӀэн.
Ауэ къалэм дэсу хъуам къалъагъу тхьэмадэр зэрегугъур, пщэдджыжьым нэмэз ищӀамэ, занщӀэу макӀуэри унэр зыщӀым къахэмыкӀыу гъуэлъыжыгъуэ хъухукӀэ яхэтщ, и унэгуащэ Шыкъымхэ я пхъур къыхуэгузавэрэ гъуэмылэ къихьмэ, къыдэлажьэхэр кърегъэблагъэри зэдошхэ.— Кхъэлэгъунэ, 373
+2 örnek
СтӀол къагъэувар жыпӀэнущи, телъыджэщ, Раисэ гурэ псэкӀэ фӀэӀэфӀу егугъуащи.— Лъапсэ, 79
Езыхэри [шырыкъу зыщӀхэр] йогугъу, зыгуэркӀэ уеупщӀмэ, къопсэлъэну яхущӀыхьэркъым— МелыӀыч, 452
2. Зыгуэрым зегъэлӀэлӀэн, дэӀэпыкъун, гу лъытэн.
Дэри тлъэкӀ къэдмыгъанэу шым дегугъурт, Ӏуси, мэкъуи, шыудзи щыдмыгъащӀэу.— Анка, 382
+2 örnek
Гъэмахуэ шылэу Дуней дахэгъуэу, Узэгугъуахэм уагъэгуфӀэжу, Жыг хадэм уисмэ, Псэм зигъэпсэхуу А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари – Уафэри гъуагъуэу уэшхыр къежэхмэ, Псы къэмыжари диным икӀынущ.— Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395
[Фэуаз:] Шыбзыр псэф хъури нэхъыбэжу дегугъу хъуащ.— Анка, 382
Kitapta geçtiği hali
ЕГУГЪУН (йогугъу) лъэмыӀ. (19). 1. (15). Ӏуэхум, лэжьыгъэм гурэ псэкӀэ бгъэдэтын, елӀэлӀэн. Ауэ къалэм дэсу хъуам къалъагъу тхьэмадэр зэрегугъур, пщэдджыжьым нэмэз ищӀамэ, занщӀэу макӀуэри унэр зыщӀым къахэмыкӀыу гъуэлъыжыгъуэ хъухукӀэ яхэтщ, и унэгуащэ Шыкъымхэ я пхъур къыхуэгузавэрэ гъуэмылэ къихьмэ, къыдэлажьэхэр кърегъэблагъэри зэдошхэ. Кхъэлэгъунэ, 373. СтӀол къагъэувар жыпӀэнущи, телъыджэщ, Раисэ гурэ псэкӀэ фӀэӀэфӀу егугъуащи. Лъапсэ, 79. Езыхэри [шырыкъу зыщӀхэр] йогугъу, зыгуэркӀэ уеупщӀмэ, къопсэлъэну яхущӀыхьэркъым. МелыӀыч, 452. 2. (4). Зыгуэрым зегъэлӀэлӀэн, дэӀэпыкъун, гу лъытэн. Дэри тлъэкӀ къэдмыгъанэу шым дегугъурт, Ӏуси, мэкъуи, шыудзи щыдмыгъащӀэу. Анка, 382. Гъэмахуэ шылэу Дуней дахэгъуэу, Узэгугъуахэм уагъэгуфӀэжу, Жыг хадэм уисмэ, Псэм зигъэпсэхуу А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари – Уафэри гъуагъуэу уэшхыр къежэхмэ, Псы къэмыжари диным икӀынущ. Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395. [Фэуаз:] Шыбзыр псэф хъури нэхъыбэжу дегугъу хъуащ. Анка, 382.