еблэгъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йоблагъэ)
Зыгуэрым и деж хьэщӀэу кӀуэн, и унэ щӀыхьэн.
руприйти к кому-л. в гости
Дыкъуэ сыт хуэдизкӀэ елъэӀуами, еблэгъэн имыдэу, пщы Аслъэнджэрий уэтэрым текӀыжащ.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
еблэгъэн (йоблагъэ) неперех. гл. прийти к кому-л. в гости / Зыгуэрым и деж хьэщӀэу кӀуэн, и унэ щӀыхьэн. * Дыкъуэ сыт хуэдизкӀэ елъэӀуами, еблэгъэн имыдэу, пщы Аслъэнджэрий уэтэрым текӀыжащ. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йоблагъэ)
Зыгуэрым и деж хьэщӀэу кӀуэн, и унэ ихьэн.
ЛӀыгъур и пщӀантӀэм цӀыхуу дэхуэр дэтт, батэкъутэр ягъэшу, куэбжэ пкъоми кӀыщым и щхьэми нып фӀэдзат: маржэ, ди хьэгъуэлӀыгъуэм фыблэмыкӀ, фыкъеблагъэ жыхуаӀэ щӀыкӀэу.— Лъапсэ, 117
+2 örnek
Шыр лъэтауэ уэгум йохьэ, Къалэ пщӀантӀэм ар ныдохьэ, Щхьихыр фӀэту иныжь закъуэ Къыбгъэдохьэ тӀэкӀу хуэщӀакъуэу, КъуимыгъащӀэу и гум хэлъыр А иныжьым мыр къепсэлъыр: – Дэ дыщыткъым бысымжагъуэу, Ди хьэщӀэщым нытхуеблагъэ, ЛӀым я лӀыгъэ зэхэкӀыпӀэу, ПфӀэфӀым, накӀуэ иныжь бжьэпэ.— Елбэздыкъуэ, 16
Фынеблагъэ, мывыгу-мымашынэу нобэ фи деж фынэсыжын фи гугъэмэ фи гурыгъыр ижауэ къыщӀэкӀынщ.— КӀапсэ кӀапэ, 6
Kitapta geçtiği hali
ЕБЛЭГЪЭН (йоблагъэ) лъэмыӀ. (33). Зыгуэрым и деж хьэщӀэу кӀуэн, и унэ ихьэн. ЛӀыгъур и пщӀантӀэм цӀыхуу дэхуэр дэтт, батэкъутэр ягъэшу, куэбжэ пкъоми кӀыщым и щхьэми нып фӀэдзат: маржэ, ди хьэгъуэлӀыгъуэм фыблэмыкӀ, фыкъеблагъэ жыхуаӀэ щӀыкӀэу. Лъапсэ, 117. Шыр лъэтауэ уэгум йохьэ, Къалэ пщӀантӀэм ар ныдохьэ, Щхьихыр фӀэту иныжь закъуэ Къыбгъэдохьэ тӀэкӀу хуэщӀакъуэу, КъуимыгъащӀэу и гум хэлъыр А иныжьым мыр къепсэлъыр: – Дэ дыщыткъым бысымжагъуэу, Ди хьэщӀэщым нытхуеблагъэ, ЛӀым я лӀыгъэ зэхэкӀыпӀэу, ПфӀэфӀым, накӀуэ иныжь бжьэпэ. «Елбэздыкъуэ», 16. Фынеблагъэ, мывыгу-мымашынэу нобэ фи деж фынэсыжын фи гугъэмэ фи гурыгъыр ижауэ къыщӀэкӀынщ. КӀапсэ кӀапэ, 6.